НОБЭ

ФокIадэм и 28, махуэку

♦Адыгэ фащэм и махуэщ

♦ХьэщхьэрыIуэ узым ебэныным и дунейпсо махуэщ

♦Къэрал хабзэм теухуа щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным и дунейпсо махуэщ

♦УФ-м и Атомнэ промышленностым и лэжьакIуэм и махуэщ

♦Урысейм щагъэлъапIэ генеральнэ директорым и махуэр

♦1931 гъэм къалъхуащ конструктор-модельер, АР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ СтIащ Юрий.

♦1951 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, КъБР-ми КъШР-ми щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Дагъыстэнми Ингушми гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ  кандидат, ЩIДАА-м и член-корреспондент Бетыгъуэн Iэуес.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 20, жэщым градус 15 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Щауэ къэрабгъэ нысащIэ гъэшынэщ.

 

Зыгъэхьэзырар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
Поделиться:

Читать также:

17.05.2024 - 07:16 Нобэ
16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ