|
Махуэгъэпс
3 ноября, 2023 - 09:39
ЩэкIуэгъуэм и 3, мэрем
♦Щэхур хъумэным и дунейпсо махуэщ
♦1562 гъэм Къэбэрдейм и пщы уэлий Идар Темрыкъуэ и щIалэ Думэныкъуэ и гъусэу Астрахань хъаным и деж кIуащ.
♦1931 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къратащ ВЦИК-м и щIыхь тхылъыр.
♦1949 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ, КъШР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шыд Юрэ.
Дунейм и щытыкIэнур
2 ноября, 2023 - 06:04
ЩэкIуэгъуэм и 2, махуэку
1940 гъэм къалъхуащ композитор, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Молэ Владимир.
1947 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Бгъэжьнокъуэ Барэсбий.
1951гъэм къалъхуащ геолого-минералогие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик, Тыркумэнымрэ УФ-мрэ щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Абыкъуэ Лейлэ.
1 ноября, 2023 - 09:33
ЩэкIуэгъуэм и 1, бэрэжьей
Урысей Федерацэм и Суд Приставхэм я махуэщ
Урысейм менеджерым и махуэр щагъэлъапIэ
1922 гъэм Налшык парт школ къыщызэIуахащ.
1936 гъэм Налшык Урыс къэрал драмэ театр къыщызэIуахащ.
1917 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, Ленин саугъэтым, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат Кулиев Къайсын.
31 октября, 2023 - 05:55
Жэпуэгъуэм и 31, гъубж
Тенджыз ФIыцIэм и дунейпсо махуэщ
Къалэхэм я дунейпсо махуэщ
Экономием и дунейпсо махуэщ
Урысейм щыIэ СИЗО-хэмрэ тутнакъэщхэмрэ я лэжьакIуэхэм я махуэщ
Урысейм щылажьэ Iэпэтэрмэш зэдзэкIакIуэм и махуэщ
1952 гъэм къалъхуащ УФ-м и къэрал лэжьакIуэ, етIуанэ рангым и къэрал чэнджэщэгъуу щыта Хъупсырокъуэ Назир (Кърым-Джэрий)
30 октября, 2023 - 11:28
Жэпуэгъуэм и 30, блыщхьэ
♦Политикэ щхьэусыгъуэкIэ зэхэзехуэн зэращIам и зэранкIэ хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ
♦Урысейм и дзэ-тенджыз флотым и махуэщ
♦Урысейм щагъэлъапIэ инженер-механикхэм я махуэр
♦1711 гъэм Къэбэрдей шууейхэм Мурад-СулътIан зи пашэ шуудзэр хагъэщIат.
28 октября, 2023 - 06:00
Жэпуэгъуэм и 28, щэбэт
♦Анимацэм и дунейпсо махуэщ
♦УФ-м и Дзэ-Хьэуа Къарухэм я дзэ авиацэм и махуэщ
♦Урысей Федерацэм щагъэлъапIэ анэшхуэхэмрэ адэшхуэхэмрэ я махуэр
♦1900 гъэм къалъхуащ къэбэрдей литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа икIи и классик ЩоджэнцIыкIу Алий.
♦1952 гъэм къалъхуащ юридическэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик Мысрокъуэ Замир.
27 октября, 2023 - 10:44
Жэпуэгъуэм и 27, мэрем
Аудиовизуальнэ щIэиныр хъумэным и дунейпсо махуэщ
Гимнастикэм и дунейпсо махуэщ
1940 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Къэбэрдей, Балъкъэр драмэ театрхэр.
1951 гъэм лышх узыфэм ебэныным япэ дыдэу къыхуагъэсэбэпащ радиацэ бзийхэр.
1942 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, журналист Къамбий Джэфар.
Дунейм и щытыкIэнур
26 октября, 2023 - 06:00
Жэпуэгъуэм и 26, махуэку
1942 гъэм советыдзэхэр икIуэту Налшык къалэм дэкIын хуей хъуащ.
1926 гъэм къалъхуащ «Красный Кавказ» колхозым и унафэщIу илъэс куэдкIэ щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Тхьэкъуахъуэ Башир.
1929 гъэм къалъхуащ журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым илъэс куэдкIэ щылэжьа, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Джэлэс Таужид.
25 октября, 2023 - 10:03
Жэпуэгъуэм и 25, бэрэжьей
Урысей Федерацэм и Таможенникым и махуэщ
1941 гъэм къызэрагъэпэщащ зыхъумэжыныгъэмкIэ Налшык комитетыр.
1977 гъэм «СССР-м и цIыхубэ дохутыр» цIэ лъапIэр ягъэуващ.
1911 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ Елмэс Хьэжбий.
1915 гъэм къалъхуащ парт, къэрал къулыкъущIэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Бгъэжьнокъуэ Хьэчим.
24 октября, 2023 - 06:00
Жэпуэгъуэм и 24, гъубж
♦Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и махуэщ
♦Зыужьыныгъэм теухуа хъыбархэр зэбгрегъэхыным и дунейпсо махуэщ
♦Полиомиелитым пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
♦Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я гуп щхьэхуэм (Спецназым) и махуэщ
♦1897 гъэм Урысейм и тхыдэм щыяпэу футболымкIэ зэхьэзэхуэ екIуэкIащ
Страницы
|