НОБЭЖэпуэгъуэм и 24, гъубж ♦Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и махуэщ ♦Зыужьыныгъэм теухуа хъыбархэр зэбгрегъэхыным и дунейпсо махуэщ ♦Полиомиелитым пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ ♦Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я гуп щхьэхуэм (Спецназым) и махуэщ ♦1897 гъэм Урысейм и тхыдэм щыяпэу футболымкIэ зэхьэзэхуэ екIуэкIащ ♦1893 гъэм къалъхуащ 1921 - 1938 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIу щыта, къэрал лэжьакIуэ, политик Къалмыкъ БетIал. ♦1901 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ Хьэткъуэ Ахьмэд. ♦1981 гъэм къалъхуащ адыгей сурэтыщI, Братиславэ, Берлин, Алма-Аты щекIуэкIа дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм щытекIуа ГъукIэпщокъуэ Щауэмыр. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 19 - 23-рэ, жэщым градус 13 - 15 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Хьэр яукIынум, хьэщхьэрыIуэу ягъэIу.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 09:00 →
НОБЭ
07.05.2024 - 09:12 →
НОБЭ
06.05.2024 - 13:11 →
НОБЭ
05.05.2024 - 10:00 →
Хьэршым зыщызыгъэкIэрахъуэ уафэщI жьэражьэ
03.05.2024 - 09:08 →
НОБЭ
|