НэхъыфIхэр ягъэпажэ

Урысейм къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ и IуэхущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 33-рэ зэрырикъум, Урысейм и КъегъэлакIуэм и махуэм, 2023 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэм теухуа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм. 
 ЯпэщIыкIэ удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мафIэсгъэункIыфIхэм я фэеплъым деж. 
ЗэIущIэр ирагъэкIуэкIащ МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Надежин Михаилрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым МафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ и IуэхущIапIэм и директор Къардэн Анзоррэ Абы кърихьэлIащ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр, Урысей МЧС-м и ветеранхэмрэ кърагъэблэгъа хьэщIэхэмрэ. 
КъызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъуным, апхуэдэхэм я лъэужьхэр гъэкIуэдыжыным ехьэлIауэ зэфIагъэкIахэм теухуауэ къэпсэлъащ Надежин Михаил. Ар мафIэсгъэункIыфIхэмрэ къегъэлакIуэхэмрэ ехъуэхъуащ икIи къыхигъэщащ абыхэм я лэжьыгъэм ехъулIэныгъэхэр зэрыщаIэр. 
АдэкIэ къэпсэлъащ Къардэн Анзор. Абы я IэщIагъэм хуэIэижь гупым фIыщIэ яхуищIащ республикэм щыпсэухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным зэрыхуэлажьэм папщIэ. 
ХьэщIэхэм я нэгу зрагъэужьащ творческэ гупхэм я концертым.
 Лэжьыгъэм къыщыхэжаныкIахэм къыхуагъфэща дамыгъэхэр щратащ зэIущIэм.. 

БАХЪСЭН Ланэ
Поделиться: