Ди щIыналъэм и махуэм фрагъэблагъэ

Гъэлъэгъуэныгъэхэр

«Урысей» лъэпкъыбэ гъэлъэгъуэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и махуэр щIэщыгъуэу икIи гукъинэжу щагъэлъагъуэ.
- Фи махуэ фIыуэ, пщIэ зыхуэсщI  нэхъыжьыфIхэ, ныбжьэгъухэ! Ди гуфIэгъуэр къыддэзыгуэш ди хэкуэгъухэм, хьэщIэхэм фIыщIэ фхузощI! - жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэхыхьэр къыщызэIуихым. 
КъБР-м и Iэтащхьэм, хьэщIэхэм я гъусэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и плIанэпэм хыхьэу кIэлъыплъащ «ДыгъафIэ къалэ» сабий академием и лицейм и гъэсэнхэм я проектхэм. Абы я лэжьыгъэхэр хагъэхьащ урысейпсо олимпиадэм щытекIуа, къыхэжаныкIа Шорэн Руслан, КIэрэф Омар, Тэхъу Ахьмэд, абыхэм я егъэджакIуэ ЛIуп Ислъам и къэхутэныгъэр. «Нейронные сети и машинное обучение» унэтIыныгъэм къызэщIиубыдэ я лэжьыгъи абы хагъэхьащ, IэрыщI интеллект, эксперт, прикладной программэхэм, хъыбарегъащIэ Iуэхухэм ехьэлIа я къэхутэныгъэхэр хыхьэу. Къэралым и гуп мин 15-м щыщу нэхъыфIу къагъэлъэгъуа гуп 50-м ящыщу къалъытащ ди республикэм щыщ, «Сириус» егъэджэныгъэ центрым и гъэсэнхэр. КъыжыIапхъэщ, ди щIыналъэм исхэр илъэс етIуанэ хъуауэ абы зэрыщытекIуэр. «Цифровая экономика Российской Федерации» лъэпкъ программэм хыхьэу, 2022 гъэм фокIадэм щыщIэдзауэ «Искусственнэ интеллект» унэтIыныгъэм щIэблэм гулъытэ хуащI. 
КIуэкIуэ Казбек зэфIэкI къэзыгъэлъагъуэ щIэблэм ехъуэхъуащ икIи и псалъэм къыхигъэщащ ар республикэм и ехъулIэныгъэу къызэрилъытэр, апхуэдэ текIуэныгъэхэм папщIэ щIыналъэм школхэмрэ иджырей центрхэмрэ къызэрыщызэрагъэпэщыр. Апхуэдэу щIигъужащ егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм, адэ-анэхэм я фIыгъэ абы зэрыхэлъыр. 
ВДНХ-м и плIанэпэ 75-м щагъэуващ Къэбэрдей-Балъкъэрым и выставкэр. Абы ди артистхэм уэрэдхэр щыжаIэ, ди лъэпкъ къафэхэр щагъэлъагъуэ! Гъэлъэгъуэныгъэм  зыщыфплъыхьыну фрагъэблагъэ къэралым щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ!

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: