ЛIыкIуэ лъапIэм теухуауэБегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар къыщалъхуа мулид мазэр иджыри йокIуэкI. Дунейм нэхъ лъагэ дыдэу тета цIыхум и гъащIэ гъуэгум щыгъуазэ зытщIыныр муслъымэн псоми ди къалэнщ. Уи щIэныгъэм хэбгъэхъуэн Iуэхур щхьэпэщ, итIани, а лъэхъэнэ жыжьэм дызэрыщымыпсэуам къыхэкIыу, тхылъым къитхри зэхэтхри пэжу зэрызыгурыдгъэIуэным делIэлIапхъэщ. Нобэ фи пащхьэ къитхьэ лэжьыгъэр зи IэдакъэщIэкIыр пасэ зэманым псэуа курд щIэныгъэлIышхуэ Iэл-Эрбили Мухьэмэдщ. «МыкIуэдыжыну тыгъэхэр зэрыт тхылъ» зыфIища лэжьыгъэм Алыхьталэм и лIыкIуэ махуэм и теплъэри и хьэлри уи нэгум IупщIу къыщыщIегъэувэ ущиякIуэм. Япэ IыхьэМухьэмэд Бегъымбару щэлатымрэ сэламымрэ зэхар ику ит лъагагъ зиIэ цIыхут, мыин дыдэу икIи мылъахъшэ дыдэу. Езыр плIабгъуэт, и фэр хужьт. И натIэр лъагэт, и набдзэхэр къурашэт. И нэхэр фIыцIэт, и нэхужьыбэр дыжьын къабзэм хуэдэу пщIыпщIырт. И дзэхэр лыдырт, и щхьэцхэр мащIэу ушэрэзат. Пщэм я нэхъ дахэр фIэтт, и дамэхэри, и бгъэгури бгъуэт. И щIыбым «бегъымбар нэпкъыжьэ» жыхуаIэр тегъэуат. И плIэ сэмэгум пэгъунэгъуу анэл фIыцIэ хэст, и хъуреягъкIэ цы зыбжанэ тету. Хьэлэлт, и Iэхэр ущIа зэпытт. И IитIыр сабиитIым я щхьэхэм зырызу ятрилъхьэмэ, дэтхэнэр нэхъ щэныфIэ хъунуми къыхуэщIэрт. ХьэлкIэ зэтетт, зэпIэзэрыту зекIуэрт, мыпIащIэу, зыхимыIэтыкIыу. И пщIэнтIэпсыр налкъутым хуэдэу лыдырт, мэ IэфI къыпихыу. Хэт нэхъри нэхъ Iэсэу, нэхъ хахуэу, нэхъ захуэу икIи нэхъ махуэу апхуэдэт Алыхьым и нэфIыр зыщыхуар. Зы дирхьэми зы динари куэдрэ зыIэщIигъэлъынутэкъым. Зыгуэр зыгуэркIэ къелъэIуу, «хьэуэ» щызэхригъэха къэхъуакъым. ЩыпсалъэкIэ захуагъэм тетт, тхьэшынагъэшхуэ хэлът, хьэлкIэ хэт нэхъри нэхъ щабэт, благъэхэм яхуэIэфIт, шыIэныгъэшхуэ дэплъагъурт. Тыгъэ къызыIихым, ар шэ Iубыгъуэ фIэкIа мыхъуу щытми, и нэр тригъэплъызэртэкъым, сыт щыгъуи нэхъыбэж зэрыхуищIэжыным и ужь итт. Тыгъэу къыхуаший ерыскъыр ишхырт, «сэдэкъэр» ишхыртэкъым. Зэрыгубжьри зэрыгуфIэри и нэкIум къридзэрт. Зыгуэрым игъэгузавэмэ, и жьакIэм телъэщIыхьрей хъурт. Зыгуэрым щепсалъэкIэ, жиIар къыбгъэдэтым игу ириубыдэфын хуэдэут зэрепсалъэр. Псэлъэгъум жриIэр игу нигъэсын папщIэ, къытригъазэурэ зэ жиIар щэ щыжиIэж къэхъурт. Гупсысэ зэпытт, мыIэмалыншэмэ, псалъэртэкъым, тхьэмыщкIэми факъырэми я Iуэхур зэхигъэкIыну гъуэгу теувэрт. И вакъэр езым идыжырт, бжэн къишырт, пщIантIэм унагъуэ IуэхукIэ щыIэбэрт. ТхьэмыщкIэхэм якIэлъыкIуэрт, жэназыхэм хэтт, муслъымэнхэм я кхъащхьэхэм ящхьэщыхьэрти, «Сэлам алейкум!» яжриIэурэ, яхуэлъаIуэрт. Шыми, махъшэми, шыдми зыри зыдимыгъэIэпыкъуу шэсырт, и гъусэу и пщылI, и щхьэгъусэ, е нэгъуэщI зыгуэр тригъэтIысхьэнкIи хъунт. ТхьэмыщкIэхэм ядэтIысырт, факъырэхэми ядэшхэрт. ЦIыху махуэхэм гумащIэу яхущытт, пщы-уэркъхэм хабзэ якIэлъызэрихьэрт, пщылIхэм ябгъурысыным щымэхъашэртэкъым, муслъымэн къуэшхэм я хадэхэм ихьэурэ еплъырт, пщIэ яхуищIу. ХъумакIуэ бгъэдэмыту, бийхэм яхэту зекIуэрт. Дунейм и бэлыхьхэм щыщтэу щытакъым ар. ТхьэмыщкIэм щыдыхьэшхыртэкъым, зыри уиIэкъым жиIэу, унафэ IэщIэлъ пэтми, абы ирипагэртэкъым. Уигу щIыщыкIын щытыкIэкIэ зыми бгъэдэтакъым, цIыхур ауан ищIын и хьэлтэкъым, пэж фIэкIаи къыжьэдэкIыртэкъым. Адрейхэм фIыуэ къыдалъагъур езыми фIэфIт. Алыхьталэм и цIэр къриIуэн, игъэлъэпIэн папщIэ фIэкIа етIысэхыртэкъым. Унэ лъэгум щытIыскIэ, Мэккэ лъэныкъуэкIэ зигъазэрт, и пIэ щикIкIэ, хьэлъакъуиплIу кIуатэрт. Алыхьым къритар и ерыскъыт, фIэкIуэдар игу щIигъэхьэртэкъым. И пащхьэм ирагъэува ерыскъым елъэпауэртэкъым, шхыным и дагъуэм зэи тепсэлъыхьыртэкъым. Игу ирихьмэ, ишхырт, иримыхьмэ, еIусэртэкъым. Махъшэл, мэлыл, джэдыл, бдзэжьей, финик цIынэрэ гъэгъуарэ ишхырт, шэр зэрышэ къабзэуи псыкIэ зэIыхауи ирифырт. ЩIакхъуэрэ финикрэ зэдишхырт: иныкъуэхэм деж гунэщIу, адрейхэм деж щэ дэщIыгъуу. Мэл тхьэмщIыгъур гъэжьауэ, лыр Iыхьэ-Iыхьэу зэпыупщIарэ гъэгъуауэ ишхырт, «тюрю» (щIакхъуэ зыхэпIытIа хьудыр) фIэфIт, щIакхъуэм чыщмыщрэ тхъурэ дишхырт. ЗыгуэркIэ ишхын имыгъуэтмэ, и ныбэ махуэр бгырыпхкIэ щIикъузэрт. Езыр-езыру къыIэрыхьэ джэдхэм я лыр ишхырт, ауэ Iуэху ищIу зэи якIэлъыжыртэкъым икIи ещакIуэртэкъым. «ШейтIаным къыхуэдгъэнэнкъым мы щIакхъуэр», - жиIэнурэ, щIым ехуэха щIакхъуэр къищтэжынут. Шхэн ипэкIэ «бисмиллахьи ррэхьмани ррэхьиим» жиIэрт, иуха нэужь, Алыхьым фIыщIэ хуищIырт. Щыту шхэртэкъым. Финик уба, фо, хьэлыуэ фIэфIт. Пхъэщхьэмыщхьэхэм ящыщу псом нэхърэ нэхъ фIэфIыр жызумрэ хъарбызрэт.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 17:06 →
Тызылыкъуэр пэщIэдзэт
22.04.2024 - 16:16 →
Зы мащэм цIыху 233-рэ
22.04.2024 - 14:55 →
АдыгэлIым и цIэмрэ и картэмрэ
19.04.2024 - 16:34 →
Нартхэм я ныбжьыр
17.04.2024 - 12:43 →
Шуудзэ хъыжьэм и тхыдэ напэкIуэцI
|