Ветераным и щIыхькIэ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм щагъэлъагъуэ "Посвящение учителю" выставкэр. Ар къызэрагъэпэщащ КъБАССР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, Хэку зауэшхуэм и ветеран Ткаченкэ Андрей къызэралъхурэ илъэси I00 зэрырикъум и щIыхькIэ.
Гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахым зыкърагъэхьэлIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминэ, КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэмрэ хъыбарегъащIэ политикэмрэ зегъэужьынымкIэ и комитетым и унафэщI Къумал Заурбэч, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэч, Налшык къалэм и Сабий художественнэ школым и унафэщI Зэхъуэхъу Валерэ, художественнэ егъэджэныгъэмкIэ методикэ центрым и унафэщI Бэрбэч Беслъэн.
Выставкэм щагъэлъагъуэ Ткаченкэ Андрей иригъэджа сурэтыщIхэм я лэжьыгъэхэр. Апхуэдэхэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, хамэ къэралхэми щыцIэрыIуэ художникхэу Пащты Герман, КIыщ Мухьэдин, Индрис Залымхъан, Зэхъуэхъу Валерэ, Къып Мухьэмэд сымэ я Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: