Адыгэхэм я Махуэм ирихьэлIэуХъыбарыжь «Уэзы МураткIэ зэджэ, гущэри…» Зи щхьэ ямыцIыхурэ зи даущ Iуа лIыхъужь гуейхэм хабжэрт абрэдж хахуэу къекIуэкIа Уэзы Мурат. А щIалэ щхьэмыгъазэм хъыбар куэд теIукIащ. Мыри абыхэм ящыщщ. Псыхуаби, Нартсани, Гумкъали, Шэткъали, сытми адыгэ жылэу щытахэм къыдэтIысхьахэр «Мурат къокIуэ» жаIамэ, зэрыгъащтэу хьэргъэшыргъэ зэрыхэгъахуэрт, бжэ-щхьэгъубжэхэр ягъэбыдэрт, «цырхъ» зэхахмэ, жэщкIэ къащтэу къигъэнат. Ар и щхьэусыгъуэу, куейм и унафэщIым ХьэтIохъущокъуэ Едыдж и IупэфIэгъути, тыгъэхэр хъушэу къыхуихьри, хьэхрэ-щIыхэу къыхуэкIуащ. «Дэ, адыгэм, ди дежкIэ хьэщIэр Тхьэм и лIыкIуэщ, сыт уи къэкIуэкIэ?» - жиIэу щеупщIым, къызытекIухьар щхьэтечу хуиIуэтащ. «Дызэныбжьэгъущ икIи дызэгъунэгъущ, уи абрэджыр къызэт (зи гугъу ищIыр Муратт)! СынолъэIу!». ХьэщIэр къызэрелъэIур бысымым хуищIэ хабзэти, псалъэ иритащ, иригъэубыду иритыну, е иукIыну. Едыджыр Муратым хузэгуэпырт, пщыгъэ къызэрыримыхым щхьэкIэ. Иджы щхьэусыгъуэ иIэт и натIэ иригъэкIыну. ЛIитI игъэIущри, иутIыпщащ. «Мурат и лъагъуэкIэ» еджэу быдапIэ-мэзышхуэ гуэрым кIэлъыплъу щIадзащ. Пшапэ зэхэуэгъуэм лIищыр зэIууащ. Я Iуэху зытетымкIэ къыщеупщIым, Едыджым игъэлIыщIауэ, лIыщIапщIи къаримытыжауэ, я бынунагъуэхэри шэджэладжэ хъуарэ езыхэри къуажэм къыдихуауэ хуэтхьэусыхахэщ. «Хъуакъым ар, бетэмал! Ауэ, Iэмал зимыIэ щыIэкъым, ажалым фIэкIа. Мыдэ Гумкъалэ зы беижь дэсщ, хьэрэмыгъэ защIэкIэ мылъкушхуэ иугъуеяуи, зыгуэр къыпытхынщ», - къажриIащ Уэзым. Дзыхь къахуищIыну арат зыхуейхэри, лIитIым «дыарэзыщ» жаIэри, гуфIэ защIащ. ХъунщIэр къайхъулIауэ къыщагъэзэжым, зэгъуэкI хъуахэти, къуацэ-чыцэкIэ зэщIэкIэжа Iуащхьэм и щыгум щепсыхащ. «Быдэ и анэ гъыркъым. Фэ мо хъуржынхэм ярылъыр щыуэ вгуэш. Сэ сыIукIынщи, пхъэр къыткIэлъыкIуэ хъумэ сызэщIэдэIукIынщ, сишми щэлъахъэ ислъхьэнщи сыкъыIухьэжынщ». ЛIитIми, «мэзрэ мазэхэрэ уи щэху щумыIуатэ!» жыхуаIэр ящыгъупщэжауэ, я псэлъэмакъыр Муратым зэхех, хуэмурэ къыздэкIуэжым. КъэувыIэрэ зэщIэдэIукIмэ, зым «дыгъэукI», адрейм «хьэуэ, думыгъэукI» жаIэ. Япэм: «ДукIмэ, и Iыхьэри къытхуонэ, Едыджми мылъкушхуэ къыдитынущи, игъащIэкIэ дрикъунущ», - жеIэ. Мыдрейм: «Хьэуэ, Мурат хуэдэлI яукIыркъым, ди хьэтыри къилъэгъуащ!» - идэркъым. Мурат зэхихар игукIэ игъэщIагъуэу, псчэуIу зищIурэ къыIухьэжащ. Зэхимыха хуэдэу ядэуэршэрурэ, «дыгъэукI» жызыIар къигъэтэджри, игъащIэкIэ къэмытэджыжыну иригъэтIысэхыжащ. «ДумыгъэукI» жызыIам и гъусам и Iыхьэри къритри, къиутIыпщыжащ. «Уи япэкIэ мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуозэж..!». АфIэкIа апхуэдэ Iуэху зэи хэмыхьэжыну псалъэ иригъэтри, иутIыпщыжащ. БАБЫГУЕЙ Сосрыкъуэ.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 17:06 →
Тызылыкъуэр пэщIэдзэт
22.04.2024 - 16:16 →
Зы мащэм цIыху 233-рэ
22.04.2024 - 14:55 →
АдыгэлIым и цIэмрэ и картэмрэ
19.04.2024 - 16:34 →
Нартхэм я ныбжьыр
17.04.2024 - 12:43 →
Шуудзэ хъыжьэм и тхыдэ напэкIуэцI
|