ГъащIэ узыншэм хуаущийЩIэблэ КъБР-м щыIэ УФСИН-м Шэджэм районымкIэ и уголовнэ-гъэзэщакIуэ инспекцэ къудамэм и лэжьакIуэхэр хэтащ «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» урысейпсо Iуэхум. КъБР-м щыIэ МВД-м и УНК-м и оперуполномоченнэ нэхъыжь Давыдовэ Иринэ, Урысей МВД-м Шэджэм районымкIэ и къудамэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и IэнатIэм и унафэщI Ахобеков Зейнаф, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и «Диагностикэ центр»-м и дохутыр психиатр-нарколог ПащIэ Артур, Лашынкъей къуажэм и Iимам ДыщэкI Лиуан, Шэджэм район администрацэм Балигъ мыхъуахэм я Iуэхухэмрэ абыхэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ дэлажьэ комиссэм и лIыкIуэхэу КIыщ Эллэрэ Къардэн Бэллэрэ, ОВД-м и Ветеранхэм я советым и унафэщI Уэрыш Владимир, КъБР-м щыIэ УФСИН-м и УИИ-м Шэджэм районымкIэ и къудамэм и унафэщI Бырсэ Анзор сымэ щIалэгъуалэм епсэлъащ, гъащIэ узыншэм хуаущийуэ. Абыхэм жраIащ хабзэм къемызэгъыу наркотикхэкI гъэхьэзырыныр, щэныр, нэгъуэщI щIыпIэ егъэхьыныр уголовнэ Iуэху зэрыхъур.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|