Уэрэд жыIэкIэ гъэщIэгъуэнЗи тхьэкIумэ зэхимыххэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 85-рэ зэрырикъур иджыблагъэ ди республикэм щагъэлъэпIащ. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым къыщызэрагъэпэща пшыхьым хэтащ Зи тхьэкIумэ зэхимыххэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Иванов Станислав, КъБР-м лэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщытынымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэкIэ и министр Асанэ Алим сымэ. А пшыхьым концерт гъэщIэгъуэн щагъэлъэгъуащ «Поющие руки» фIэщыгъэм щIэту бзагуэхэмрэ зи тхьэкIумэм зэхимыххэмрэ я къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гупым. Пермь къикIа мы гупым я закъуэщ ди къэралым апхуэдэу щыIэр. Абыхэм мызэ-мытIэу Президентым и грантыр къыхуагъэфэщащ, ахэр УФ-м и мызакъуэу, хамэ къэрал куэдым къыщацIыху. Гупым я гъусэу утыкум зыкъыщагъэлъэгъуащ Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Приближнэ къуажэм дэт школ-интернатым щеджэ цIыкIухэм. Абыхэми къафэ, уэрэд зыбжанэ ягъэзэщIащ. «Поющие руки» гупым хэтхэр ныбжьыщIэ цIыкIухэм къащытхъуащ, абыхэм ягъэзэщIа уэрэдхэмрэ къафэхэмрэ зэрыгугъум емылъытауэ, фIы дыдэу къехъулIауэ жаIэу. - Илъэс куэд щIауэ ди интернатым щыхудогъаджэ Iэрэ IэпэкIэ уэрэд жыIэным,- жиIащ интернатым и унафэщI Лавров Вячеслав. - Пэжым ухуеймэ, абыхэм профессионал инхэр ядэлажьэркъым, апхуэдэ Iэмал дызэримыIэм къыхэкIыу. Езы сабийхэм яфIэфIщи, нэгъэсауэ зэрагъащIэ армыхъу. Ди деж щеджэ цIыкIухэм ар тегъэупIэфI яхуохъу. КъищынэмыщIауэ, а цIыкIухэм утыку итыныр къызэрымыкIуэу яфIэфIщи, щIэх-щIэхыурэ концерт дот. Драмэ театрым щекIуэкIа пшыхьым цIыху куэд екIуэлIат. Абы еплъа дэтхэнэми, зэрагъэщIэгъуэн ямыщIэу, телъыджэ ящыхъуат утыкум ит цIыкIухэм я Iэзагъымрэ дахэу зыкъызэрагъэлъагъуэмрэ. Абыхэм уащеплъкIэ, «Псэ зиIэм, уэрэд жеIэ», - жыIэгъуэр щхьэхуимыту уигу къокIыж. Пэжу, уэрэдыр къыщежьэр псэращ, армыхъу, Iэпэрэ IэкIэ уэрэд жызыIэхэм я гупсысэр щхьэ зыхэтщIэрэ бзагуэбзэ зымыщIэхэм?!
Поделиться:
Читать также:
27.04.2024 - 13:04 →
Макъамэм зэфIэкI щызиIэхэр
14.04.2024 - 10:54 →
Куэд къэзымыгъащIэу куэд зылэжьа
10.04.2024 - 12:00 →
ЕгъэджакIуэр ящыгъупщэркъым
31.03.2024 - 09:22 →
Зыужьыныгъэм и лъагъуэм ирокIуэ
17.03.2024 - 11:10 →
Илъэс 40 гъуэгуанэ
|