Мэздэгу нэхъ гъунэгъу къытхуохъу

Мэздэгу щIыналъэм щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъ­э­рым и тхыдэм и напэкIуэцIхэр» фIэ­щыгъэр зиIэ лъахэдж гъэлъэгъуэ­ныгъэр. КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм къызэригъэпэща махуэшхуэм и къа­лэн нэхъыщхьэу ягъэуват Къэ­бэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ - Аланиемрэ щыпсэу лъэпкъ­хэм я зэныбжьэгъугъэр гъэ­быдэ­ныр, Мэздэгу щIыналъэм щыпсэу щIалэгъуалэм ди республикэм и тхыдэм, адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэм теухуа я щIэныгъэм хэгъэхъуэ­ныр.

ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIат Осетие Ищхъэрэ - Аланием лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ и министр Фраев Сослъэнрэ а министерствэм и лэжьакIуэхэмрэ, Мэздэгу щIыналъэ администрацэм и Iэ­тащхьэ Рубаев Владимир, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэ­ма­дэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, КъАХ-м и тхьэ­мадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Му­хьэмэд, Мэздэгу Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Дербит Валерий. Апхуэдэу махуэшхуэм къекIуэлIат Осетие Ищхъэрэми Ставрополь щIыналъэм и Курской щIыналъэми щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэ куэд.
Махуэшхуэр къыщызэIуахым псалъэ иратащ хьэщIэ лъапIэхэм. Фраев Сослъэн къызэхуэсахэм махуэшхуэмкIэ щехъуэхъум къыхигъэщащ лъэпкъ­ щхьэхуэхэм я щэнхабзэмрэ тхы­дэмрэ ухэзыгъэгъуазэ Iуэхугъуэ­хэр псом хуэмыдэу Мэздэгу щIынальэм щегъэкIуэкIыныр щхьэпэу къызэрилъытэр, сыту жыпIэмэ, ар лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд щыпсэу щIыналъэщ. Зэгъунэгъу республикэхэм щыпсэухэр зэрыщIэным, зэгуры­Iуэным, лIэщIыгъуэ блэкIахэм псэуа я нэхъыжьхэм къащIэна хабзэфIхэр, зэхущытыкIэ дахэхэр хъумэн, егъэ­фIэкIуэн зэрыхуейр къагурыIуэу а Iэ­на­тIэм пэрытхэм я лэжьыгъэр абы зэ­рытраухуэр жиIащ министрым. Абы и гупсысэр диIыгъыу къэпсэ­лъащ КIурашын Анзори. Абы псалъэ гуа­пэхэр яхужиIащ махуэшхуэр къы­зэ­гъэпэщынымкIэ щIэгъэкъуэн къахуэхъуа псоми икIи фIыщIэ тхылъ­хэмрэ саугъэтхэмрэ яритащ.
Апхуэдэу къызэхуэсахэм хъуэхъу дахэкIэ захуигъэзащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
- Ди адэжьхэм къащIэна хабзэ дахэхэм щIэблэр щIэпIыкIын къалэныр нэхъыщхьэхэм ящыщщ, абы арэзы техъуэну си гугъэщ дэтхэнэ зыри. Абы хуэгъэза Iуэхугъуэ щхьэпэщ нобэ мыбы сабии балигъи къезышэлIа махуэшхуэр. Ижь-ижьыж лъандэрэ зэгъунэгъуу къызэдэгъуэгурыкIуэ осетинхэмрэ адыгэхэмрэ яку дэлъа зэхущытыкIэ дахэхэм дрогушхуэ, ахэр хъу­мэнымрэ егъэфIэкIуэнымрэ лъэ­ны­къуитIри йогугъу, икIи «Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм и напэкIуэцIхэр» гъэлъэгъуэныгъэр абы щыхьэт тохъуэ, - жиIащ Сэхъурокъуэм­ икIи бысымхэм саугъэт лъапIэхэмкIэ яхуэупсащ.
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и къэп­сэлъэныгъэм къыхигъэщащ Мэздэгу щIыналъэмрэ Ставрополь крайм и Курской районымрэ щыпсэу адыгэ­хэм илъэс тIощIым щIигъуауэ якIэ­лъы­кIуэу зэрыщытыр, абыхэм ще­кIуэкI лъэпкъ-щэнхабзэ фестивалхэм жыджэру зэрыхэтыр. Ар гуапэу ехъуэхъуащ махуэшхуэм кърихьэлIахэм икIи Хасэм къыбгъэдэкIыу Мэздэгу адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэм саугъэтхэр иритащ.
- Мы щIыналъэм щыпсэу лъэпкъ зэ­мылIэужьыгъуэхэм яку дэлъ зэгурыIуэныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэм­рэ нэрылъагъущ. Ди гуапэщ а зэхущытыкIэхэр нэхъри быдэ хъуну, - жиIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
КъБР-м и Лъэпкъ музейм Мэздэгу къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и щIыхьэпIэм деж къыщызэригъэпэщат IэрыщI гъуазджэм дихьэххэм я IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэт. Адыгэ фащэ зэмылIэужьыгъуэхэм къадэкIуэу, абы щыплъагъунут фащэм и пкъыгъуэ щхьэхуэхэр, мэлыцым къыхэщIыкIа арджэнхэр, пасэрей унагъуэ хьэпшыпхэр, нэ­гъуэщIхэри. Махуэшхуэм къекIуэлIа дэтхэнэ зыми адыгэ лъэпкъым и тхыдэмрэ и щэнхабзэмрэ нэхъыфIу зы­хищIэн, ар зыхэпсэукIар нэхъ Iуп­щIу ирагъэлъагъун папщIэ мастер-класс зыбжанэ къызэрагъэпэщат. Ды­щэидэ IэщIагъэм и щэхухэм теп­сэлъыхьащ, ар къызэхуэсахэм нэры­лъагъу ящищIащ «Урысейм и цIыхубэ мастер» цIэ лъапIэр зезыхьэ Мэш­кIуашэ Маринеттэ. Мэзло Руслан и арджэн щIыкIэм дихьэхахэр псом хуэмыдэу куэд хъурт. Руслан и Iэпэхэр IэкIуэлъакIуэу зэрылажьэм кIэ­лъыплъ къудей мыхъуу, абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри хуейт арджэн зэIуищэну. Адыгэ къафэмкIэ мастер-клас­сыр иригъэкIуэкIащ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и художественнэ унафэщI Атэбий Игорь.
Апхуэдэу къыхэгъэщыпхъэщ Мэздэгу щыIэ музейм, а къалэм и администрацэм и унафэщI Рубаев Владимир и жэрдэмкIэ, адыгэхэм ятеухуа плIанэпэ къызэрыщызэIуа­хынур икIи абы япэ хьэпшып зыбжанэ КIурашын Анзор тыгъэ яхуи­щIащ.
Фестиваль-гъэлъэгъуэныгъэр иухащ концерт хьэлэмэткIэ. Залым и утыкум зэдитащ, я зэфIэкIхэмкIэ къызэхуэсахэр ягъэгуфIащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэ­рэ - Аланиемрэ я уэрэджыIакIуэ нэхъыфIхэмрэ къэфакIуэ гупхэмрэ.

Налшык - Мэздэгу - Налшык

ЩОДЖЭН Iэминат, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ.
Поделиться: