Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэр ягъэлъапIэАнэдэлъхубзэм и махуэм ирихьэлIэу зэIущIэ гъэщIэгъуэн щрагъэкIуэкIащ Налшык къалэ дэт «ДыгъафIэ къалэ» лицейм. Абы кърихьэлIат Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист, композитор цIэрыIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIилрэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI, усакIуэ Ацкъан Русланрэ. ЗэIущIэр къызэIуихащ лицейм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Щоджэн Iэминат. Анэдэлъхубзэм и махуэр къызэрыунэхуам, абы мыхьэнэуэ иIэм теухуа пэублэ псалъэм и ужькIэ, егъэджакIуэм 9-11-нэ классхэм щIэсхэр утыкум къригъэблэгъащ «Сыадыгэну сыхуейщ. ГъащIэм сыдекIурэ, хьэмэрэ сыкъыкIэрыхурэ» фIэщыгъэр зиIэ зэдауэм хэтыну. ЦIыкIухэм яубыда лъэныкъуэхэм тету дахэу, екIуу я гупсысэхэр утыку кърахьащ.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|