Адыгэ театрыр зэрыгушхуэхэр ДыщэкI КIунэ, ТIыхъужь Алий, Сонэ Мухьэрбий… Ахэр УФ-м и цIыхубэ артистхэт, егъэлеиныгъэ лъэпкъ хэмылъу «цIыхубэм ейт». А цIэ-унэцIэхэм иджыри зыбжанэ къыпыпщэ хъунущ, Адыгэ лъэпкъ театрыр иригушхуэу, я гуащIэ хэмылъу а IуэхущIапIэр уи нэгу къыпхущIэмыгъэхьэу. ПщIэшхуэ зыхуэтщIын, щIэх-щIэхыурэ дигу къэдгъэкIыжын хуей а артист гъуэзэджэхэм я гугъу пщIыну тыншкъым. Сыту жыпIэмэ «фIыщ» жыпIэ къудейкIэ зэфIэкIыркъым, атIэми, псалъэр къомэщIэкI абыхэм ябгъэдэлъа зэчийр кърибгъэлъэгъуэну. ЯхузэфIэкIар уи нэгу къыщыщIэбгъэхьэфынур, я ехъулIэныгъэхэр къызэрыдгъэлъагъуэ псалъэхэм я куууагъыр щызыхэпщIэнур абыхэм я джэгукIэм зэ нэхъ мыхъуми укIэлъыплъыну къыпхуихуамэщ.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 17:46 →
Зи напэ емыплъу лъэбакъуэ зымыча
07.05.2024 - 12:25 →
КъардэнгъущI Зэрамыку игъэзащIэу щыта уэрэдыжьхэр зэхуэхьэсауэ
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
|