Щэнхабзэ

Иджырей сурэтыщI

Зеущэ Арсен сурэтыщI Iэзэщ.   Грозный Иванрэ Мариерэ  я фэеплъу «Акрополь» уардэунэм щIэтыр аращ зи IэдакъэщIэкIыр.  
Арсен езым и дуней иIэжу къызэрекIуэкIыр нэрылъагъущ. Арагъэнщ абы и лэжьыгъэхэм куэду зэтепщIыкI гупсысэхэм ущIыхуашэфри. 

Хабзэмрэ дауэдапщэхэмрэ

 Адыгэхэм я пщIэ зэIэпыхыкIэр, хабзэ хъужыр, егъэлеяуэ къызыщыхъу щыIэу щытми, китайхэмрэ японхэмрэ яхуэдэу дауэдапщэхэр зи нэрыгъ лъэпкъ гъуэтыгъуейщ. Щапхъэ зимыIэ псори щоуэ. Хабзэ-бзыпхъэхэм я къалэнри гъащIэм дыщылъэпэрэпэным дыкърагъэлынырщ. 
Урысеймрэ Китаймрэ я зэхущытыкIэр зэрефIакIуэм и нэщэнэу, чын щэнхабзэр нэхъ гунэсу зэдгъэцIыхуну Iэмал къыдэзыт фильмхэр, нэтынхэр, тхыгъэхэр нэхъыбэ мэхъу. Нобэ нэхъ убгъуауэ зи гугъу тщIыну ди мурад китай нысашэхэр тфIэгъэщIэгъуэн щIэхъуар ахэр ди лъэпкъым гуфIэгъуэр зэрыдихым етлъытын папщIэщ. 

Адыгэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

Бахъсэнёнкэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэкIащ адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэмрэ абы увыпIэшхуэ щызыубыд уэрэдыжьхэмрэ хъумэным ятеухуа нэгузыужь дауэдапщэ.

Аккизовхэ я лэжьыгъэхэр

Мейкъуапэ щагъэлъагъуэ
КъуэкIыпIэ лъэпкъхэм гъуазджэмкIэ я къэрал музей Москва дэтым Мейкъуапэ къалэм щиIэ и къудамэм щагъэлъагъуэ ди республикэм и сурэтыщI цIэрыIуэхэу Аккизовхэ Екъубрэ Сиярэрэ я лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса «Укрощение иллюзий» выставкэр. Абы хагъэхьащ зэщхьэгъусэхэм илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэр. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэрагъэпэщащ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, КъуэкIыпIэ лъэпкъхэм гъуазджэмкIэ я къэрал музей Москва дэтым Мейкъуапэ къалэм щиIэ и къудамэм, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм.

Гупсысэм и лъащIэ

Пасэрейм жиIащ: «Унэм зыщыгъаси, хасэм кIуэ». Нартхэм я хасэ лъандэрэ адыгэхэм къадогъуэгурыкIуэ а псалъэжьыр.

Мыри жиIащ пасэрейм: «Гупсыси, псалъэ. Зыплъыхьи, тIыс». Хасэм яхыхьэ нарт щауэр зэрагъэIущ псалъэщ ар.

ЗекIуэ ежьэ нартым жраIэ: «ПащIэгъэлыгъуэ джэгу хэлъкъым». Гъуэгу утехьэрэ Iэщэ къыщипхамэ, уи щхьэр щыхэплъхьи къэхъунщ жыхуиIэщ…

«Кавказ Иным» зиужьынущ

Урысейм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ «Байкал», «Кавказ Ин» («Большой Кавказ») турист зекIуапIэхэр ягъэбелджылын щIадзащ. Мы щIыпIэхэм елэжьынущ «ПроГород» ООО-р. 2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу а проектхэм УФ-м и Правительствэм щыхэплъэнущ.

Жьы хъуа псалъэхэр

БзэщIэныгъэм и Iыхьэхэр къатщтэмэ, лексикологиер зэхъуэкIыныгъэ нэхъыбэ дыдэ здекIуэкIхэм ящыщ зыщ. Сыту жыпIэмэ, гъащIэм зеужь, хьэпшыпыщIэ куэд къожьэ, ахэр къэдмыгъэсэбэпыж хъумэ, псалъэри дызыхуэмеиж мэхъу. Абы ипкъ иткIэ къыхыдогъэкI жьы хъуа псалъэхэр. Жьы хъуа псалъэхэр гупищу гуэшащ: историзмхэр, архаизмхэр, анахронизмхэр.

Ди зэманым и лIыхъужь

 А цIэр хуэфащэ дыдэщ АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-ми УФ-ми я Къэрал саугъэтхэм, Шолоховым и цIэр зезыхьэ, ДАХ-м я саугъэтхэм я лауреат МэшбащIэ Исхьэкъ.
 Лъэпкъ литературэм и гуащIэшхуэ хэзылъхьа тхакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм цIыху зэхущытыкIэр, лъэпкъ гуауэр, тхыдэр екIуу щызэхэухуэнащ. Аращ ахэр щIэщыгъуэ, гъэщIэгъуэн зыщIри.

Бзылъхугъэ насыпыфIэ

Узыпэрыт лэжьыгъэр уи псэм къыдэмыхьэмэ, абы зыужьыныгъи ехъулIэныгъи ущиIэнукъым. А псор къызогъанэри, апхуэдэ IэнатIэм уи махуэхэри гукъыдэжыншэу декIуэкIынущ. Абы и лъэныкъуэкIэ и насып къикIащ нобэ ди псэлъэгъу бзылъхугъэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и радиом и унафэщI, зэдзэкIакIуэ, журналист цIэрыIуэ Мэремкъул Ларисэ.
Дэтхэнэ зыми гъащIэм щиубыдыну увыпIэр куэдкIэ елъытащ ар къыщыхъуа унагъуэм, абы и сабиигъуэр зэрыкIуам. Гум и зы плIанэпэ хухэхащ а лъэхъэнэ дахэм. 

Адыгэбзэри урысыбзэри зрагъащIэ

«Дунейм и ныбжьыщIэхэр» зыфIаща щIэныгъэ-щэнхабзэ лагерыр илъэс зыбжанэ хъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым гъэмахуэм къыщызэрагъэпэщ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, Президент грантхэм я фондым и мылъкукIэ мы гъэми зэгухьэныгъэм апхуэдэ бадзэуэгъуэ нэгузыужь къахузэригъэпэщащ Сирием щыщ сабий 25-м. НыбжьыщIэхэм зыщагъэпсэху «Горный родник» санаторэм.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ