Адыгэбзэри урысыбзэри зрагъащIэ

«Дунейм и ныбжьыщIэхэр» зыфIаща щIэныгъэ-щэнхабзэ лагерыр илъэс зыбжанэ хъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым гъэмахуэм къыщызэрагъэпэщ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, Президент грантхэм я фондым и мылъкукIэ мы гъэми зэгухьэныгъэм апхуэдэ бадзэуэгъуэ нэгузыужь къахузэригъэпэщащ Сирием щыщ сабий 25-м. НыбжьыщIэхэм зыщагъэпсэху «Горный родник» санаторэм.

- Иорданиеми, Израилми, Сириеми, Тыркуми къитшурэ, ипэ илъэсхэм мыпхуэдэ лагерхэм сабий нэхъыбэ къэтшэфу щытащ, - жеIэ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. - Псори дызыщIэхъуэпс мамырыгъэр тепщэ хъужмэ, дяпэкIи ар зэдгъэхъулIэфынущ.

Мы гъэм къэрал щIыбым щекIуэкI Iуэхухэри, Тыркум къыщыхъуа щIыхъейри я щхьэусыгъуэщ сабийхэм я бжыгъэр зэрынэхъ мащIэм, тхьэмадэм зэрыжиIэмкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щрахьэкIыну махуэ 21-м сабийхэм я нэгу зрагъэужьыну къудейкъым. НыбжьыщIэхэм папщIэ адыгэбзэмрэ урысыбзэмкIэ дерсхэр ирагъэкIуэкIынущ. «Горный родник» зыгъэпсэхупIэм гъэмахуэр щрахьэкI нэгъуэщI щIыпIэ къикIа сабийхэми, аращи, дерсым щызрагъащIэр уэршэрым щыщIагъэбыдэжыфынущ цIыкIухэм.

- Сабийхэр ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэралхэрщ къыздикIар, - пещэ Сэхъурокъуэ Хьэутий и гупсысэм. - Ди къэралым гъащIэр зэрыщекIуэкIым щыгъуазэ защIыну, абы зэрызыхазэгъэну щIыкIэм хуэдунэтIыну дыхуейщ цIыкIухэр. НыбжьыщIэхэм щапхъэфI егъэлъагъупхъэщ. Псори дызэкъуэту, ди акъыл зэтехуэу дызэдэпсэуныр зэрынэхъыфIыр къагурыдгъэIуапхъэщ абыхэм. ЗэрыхъукIэ цIыху нэхъыбэ къэтшэжыну ди мурадщ, дэтхэнэ зыми ди Хэкушхуэр иригъэфIэкIуэну, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэшыгъэмрэ зрагъэубгъун хуэдэу.

 Зэгухьэныгъэм лъэкI къигъэнэнукъым сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэр ягу къинэжын щхьэкIэ. Сэхъурокъуэ Хьэутий фIыщIэшхуэ яхуещI «Горный родник» санаторэм и лэжьакIуэхэм. ГъэсакIуэхэмрэ вожатэхэмрэ я пщэ къыдэхуэ жэуаплыныгъэм и инагъыр фIыуэ къагуроIуэ, лъэпкъым и щIэблэм я пщэдейрей махуэр ялъагъу.

- Урысейм дэтхэнэ лъэпкъми и пщIэр щылъагэщ, псоми щIыхь щыхуащI. Дэри абы щыпсэухэм я тхыдэм, я псэукIэм щыгъуазэ зытщIыпхъэщ. Мыдрейуэ, Чувашиеми, Тэтэрстанми, Къабэрдей-Балъкъэрми урыс щэнхабзэм и мыхьэнэр фIыуэ къащыгуроIуэ. Ди зэкъуэтыныгъэрщ ди сабийхэм я къэкIуэнум и лъабжьэр, - жеIэ ДАХ-м и тхьэмадэм.

 Псом нэхърэ нэхъыщхьэр, Сэхъурокъуэм зэрыжиIэмкIэ, ныбжьыщIэхэм я Хэкужьыр фIыуэ ялъагъуу, я гур я адэшхуэхэм я къежьапIэм кIэрыпщIауэ ягъэзэжынырщ, дэтхэнэ зыри и псэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къишэжын хуэдэу.

КЪУДЕЙ Iэминэ.
Поделиться: