Щэнхабзэ

Адыгэ хабзэм щыщщ

Баш зыIыгъ лIыжьыр уэрамым здрикIуэм ижьрабгъумкIэ цIыхубз гуэр щыту елъагъу. 

Фэеплъ гъуэзэджэ

Ткаченкэ Андрей и цIэр зе­зыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм щагъэлъагъуэ сурэт куэд зэхуэзыхьэса, псапащIэ, щIэныгъэмрэ гъуазджэмкIэ Петровскэ академием хэта, «Эльбрусские новости» газетым и редактор ­нэхъыщхьэм и къуэдзэу щыта Ха­джиев Даниял къыщIэна ­лэ­жьыгъэхэр. «Мир - крутая ­тропа» выставкэм хагъэхьащ ­СССР-м и художникхэм я лэжьыгъэхэр. 

Пасэрей алыдж гъуазджэ

Пасэрей Алыджым и гъуазджэр дуней псом нэхъ яфIэгъэщIэгъуэнхэм хабжэ. 

Мэзышым и къару

Налшык дэт Лъэпкъ музейм иджыблагъэ къыщызэIуахащ «Янтарный берег России» фIэщыгъэм щIэт гъэлъэгъуэныгъэ. 

Владикавказ и уэрэджыIакIуэхэр

MiyaGi цIэ лейр зезыхьэ осетин уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Кудзаев Азэмэт игъэзащIэ уэрэдхэр куэдым  ягу дохьэ. Яндекс музыкэ напэкIуэцIым зи уэрэдхэм нэхъ щIэупщIэ щызиIэхэм ящыщщ ар. 
1990 гъэм Владикавказ къыщалъхуащ уэрэджыIакIуэр. Художественнэ тхылъхэмрэ Iэпщэрыбанэ спортымрэ дахьэх щIалэ цIыкIур зэрымакъыфIэми пасэу гу лъатат. Гъуазджэм пыщIэныгъэ хуамыIэми, щIалэр дэзыхьэх Iуэхугъуэхэр къыдаIыгът дохутыр IэщIагъэ зиIэ и адэ-анэм. Азэмэт и адэ Казбек пщIэ зиIэ хирургщ. Осетие Ищхъэрэм абы щиIэщ ортопедиемрэ эстетикэ хирургиемкIэ центр. 

Къуршхэм дахьэхырт

ЩIыналъэр къозыгъэцIыху, нэгъуэщIу жыпIэмэ цIэрыIуэ зэрыхъу Iэмалхэм ящыщщ кинор. Ди гуапэ зэрыхъунщи, блэкIа лIэщIыгъуэм ди Iуащхьэмахуэ лъапэ мащIэкъым щытрахар. Абыхэм ящыщ зыбжанэ нобэ дигу къэдгъэкIыжынщ.

Куэзырым хэтхэр хэт?

Зэрыджэгу куэзырым хэтщ «король», «дамэ», «валет» жыхуэтIэхэр плIырыплIу. Абы тет сурэтхэр тхыдэм хэт цIыху щхьэхуэхэм тращIыкIащ. «Париж шаблоным» тет куэзырхэр XVII лIэщIыгъуэм къэунэхуащ. Ахэр тращIыкIащ сурэтыщI де Труа Гектор и лэжьыгъэхэм. Франджы куэзырхэм къыщыгъэлъэгъуа сурэтхэм лIыхъужь хъыбар ящIыгъущ. 

УсакIуэшхуэм и щIыхькIэ

ЩэнхабзэмкIэ фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм, «Словесная руда» усэ пшыхь иджыблагъэ щекIуэкIащ.

Зи щIэиныр лъапIэ

Гальперин Григорий Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамблым къыщыкIуам, псом япэ дыдэу къызэрыщIидзар адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я IуэрыIуатэ къулейр иджынырщ. Репетицэхэр щрагъэкIуэкIкIэ, лъэпкъ къафэхэм фIыуэ хэзыщIыкI нэхъыжьхэр къригъэблагъэрт. Колхозхэм щыкIуэкIэ - Гальпериныр лIыжьхэм кIыхьу ябгъэдэст.

Уэрэдыр гъыбзэ зыхуэхъужар

 Нобэ зи гугъу тщIыну уэрэдыр зэрызекIуэр куржыбзэщ, и псалъэхэри и макъамэри зэхэзылъхьар Кумсиашвили Теонэщ. 
 Зэманым къигъэувыр нэгъуэщI мардэми, зэпIэзэрыту уэрэд зыгъэзащIэ уэрэджыIакIуэхэр игъащIэми щыIащ, адыгэхэми ди хамэкъым. ЦIыхур зэрыцIыхур, гъащIэр зэрыгъащIэр… Къыпхуиуха илъэсхэр напэмрэ щIыхьымрэ уафIэлIыкIыу епхьэкIыныр зэрымытыншыр, лъагэу ущиIэти, щIым ущригъэдзакъи гъащIэм къызэрыхэхуэнур… А псори къыщыбгъуэтынущ нобэ зи хъыбар етшэжьа «Иори» уэрэдым. 

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ