|
Жылагъуэ
1 мая, 2024 - 10:43
Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр. Ар теухуауэ щытащ Ленинград къалэр щхьэхуит къызэращIыжрэ илъэс 80 зэрырикъум, СССР-м и гъунапкъэхэм совет зауэлIхэр зэрикIам, фронтым щыIа тхакIуэхэм ящыщу зи юбилейхэм, нэгъуэщIхэми. Iуэхур мы гъэм еханэу къызэрагъэпэщ.
1 мая, 2024 - 08:18
Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм щагъэлъагъуэ Минводы къалэм и «Бетельгейзе» дзэ-хэкупсэ сабий художественнэ арт-студием и гъэсэнхэм я лэжьыгъэхэр. Выставкэмрэ концертымрэ къызэрагъэпэщащ дзэ Iуэху хэхам щыIэ зауэлIхэм я щIыхькIэ.
1 мая, 2024 - 07:01
ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ. Абы мы гъэм къыдигъэкIа «Волшебство массажа» тхылъым теухуауэ къэзгъэпсэлъэну арат сыщIыхуэзар. Ауэ а бзылъхугъэм апхуэдизым хищIыкIыу, IэщIагъэрэ щIэныгъэкIэ уехъуэпсэну зэрыщытыр къыщызгурыIуэм, ди уэршэрыр кIыхь хъуащ, пэжыр жысIэнщи, гупсэхугъуэ хэслъагъуэу гъэщIэгъуэну екIуэкIащ.
1 мая, 2024 - 05:58
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэр Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ
я махуэшхуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур
30 апреля, 2024 - 09:00
Италием щыщ тхакIуэ, да Винчи Леонардэ и тхыдэмрэ лэжьыгъэмкIэ щIэныгъэлI нэхъыщхьэ Вечче Карлэ и Iэдакъэ къыщIэкIа «Катеринэ и гуфIэкIэр: Леонардэ и анэ» романыр Налшык къалэ щагъэлэгъуащ мы махуэхэм. Катеринэ и хэкур и нэкIэ зригъэлъагъуну щIэхъуэпс щIэныгъэлIым къехъулIащ и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр – ар махуи 5-кIэ щыхьэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIи апхуэдизу хьэщыкъ зыхуиIэ адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэ дахэм хагъэплъащ.
30 апреля, 2024 - 07:00
Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къемызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущIэ.
30 апреля, 2024 - 06:00
КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ IуэхукIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ. Тэтэрстан Республикэм ТуризмэмкIэ и комитетым иригъэблэгъащ ди хэгъэгум и лIыкIуэхэр, КъБР-мрэ ТР-мрэ зэпызыщIэ кхъухьлъатэ къызэрытрагъэувам и щIыхькIэ.
29 апреля, 2024 - 10:08
Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхынущ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр. Ар теухуауэ щытынущ Ленинград къа-лэр щхьэхуит къызэращIыжрэ илъэс 80 зэрырикъум, СССР-м и гъунапкъэхэм совет зауэлIхэр зэрикIам, зэуапIэм щыIа тхакIуэхэм ящыщу зи юбилейхэм, нэгъуэщIхэми. Iуэхур мы гъэм еханэу къызэрагъэпэщ.
28 апреля, 2024 - 14:33
Ди республикэм нобэ къыщызэIуахащ «Урысейм ипс» урысейпсо Iуэхур, абы ипкъ иткIэ ягъэкъэбзэнущ псы ежэххэмрэ псыхъуэхэмрэ.
«Зи гугъу тщIы акцэр «Экология» лъэпкъ проектым и зы Iыхьэу щыт «Зыми хуэмыдэ псыежэххэр хъумэныр» федеральнэ проектым хыхьэу ирагъэкIуэкIыу аращ, ар къыхэзылъхьар Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимирщ.
«Урысейм ипс» Iуэхур ди къэралым и щIыналъэ псоми къыщызэдащтащ. Си щхьэкIэ, си гуапэу, фIэхъускIэ захуэзгъэзащ акцэм хэтыну къыдэкIа псоми, ар къызэзыгъэпэщахэми.
28 апреля, 2024 - 10:01
Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр. Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ 2024 гъэр Архитектурэм и илъэсу ягъэуващ.
Страницы
|