|
ЩIалэгъуэ
25 ноября, 2022 - 16:43
Куба къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэкIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ жылагъуэхэм я щIалэгъуалэ зэIущIэ. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщат къуажэдэс щIалэгъуалэр нобэ зыгъэпIейтейм зыщигъэгъуэзэн мурадкIэ.
Район администрацэм и унафэщI Балъкъыз Артур тепсэлъыхьащ щIыналъэм и къэкIуэнури и зыужьыныгъэри къыдэкIуэтей щIэблэм сыткIи зэрелъытам икIи щIалэгъуалэ-жылагъуэ Iуэху купщIафIэхэр гъэзэщIэныр район администрацэм и къалэн нэхъыщхьэхэм зэращыщым.
21 ноября, 2022 - 14:43
Ди планетэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ Антарктидэ щIыгу абрагъуэр щIэзыгъэна мылхэр щIэгъэхуэбжьауэ зэрыщIэткIукIыр.
18 ноября, 2022 - 11:41
Зы махуэ гуэрым си деж къэпсэлъащ Къулъкъужын къуажэм щыщ нэхъыжьыфI, зэрыцIыкIурэ шы гъэхъуным пыщIа Бабыгуей Сосрыкъуэ (Мухьэмэд), «Аслъэн, пщэдей ди гъусэу нежьэ, Адыгейм щызэхэтшэну шу зекIуэм укъыддыхэтын, хуей хъуми, утетхыхьыжыфын хуэдэу» жиIэри.
АтIэми, сыздриджар «Шагъдий вагъуэбэ» зыфIаща шу зекIуэхэм ящыщ зыуэ къалъыта, Адыгэ Республикэм 2018 гъэм накъыгъэм и 3-м къыщыщIэдзауэ и 8-м нэсыху щекIуэкIар арат. Бысымхэм къищынэмыщIа, абы хэтащ адыгэхэр щыпсэу хэгъэгухэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Краснодар крайм икIа щIалэхэри.
15 ноября, 2022 - 14:20
«Шагъдий вагъуэбэ» зыфIаща шу зекIуэхэм ящыщ зыт Адыгэ Республикэм 2018 гъэм накъыгъэм и 3-м къыщегъэжьауэ и 8-м нэсыху щекIуэкIар. Бысымхэм къищынэмыщIа, абы хэтащ адыгэхэр щыпсэу хэгъэгухэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Краснодар крайм икIа щIалэхэри.
15 ноября, 2022 - 10:00
- Дыщеджэм, Коэльо Паулэ и «Алхимик» тхыгъэр зэпкърытхырти, Iущыгъэ зыхэлъ зы гупсысэ ди гум къигъэкIауэ щытащ хамэ къэрал литературэмкIэ дезыгъэджа Кучуковэ Зухра. Абы къыджиIат Алхимик и псэр куэдрэ дыщэм зэрылъыхъуар, ауэ икIэм-икIэжым и «гъуэгуанэр» и унэ къызэрекIуэлIэжар.
14 ноября, 2022 - 10:55
УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэм ирихьэлIэу Калюжный Н. Г. и цIэр зэрихьэу Налшык къалэ дэт 7-нэ курыт еджапIэм и 5-нэ класситIым щIэс цIыкIухэр кадетым зэрыхагъэхьэм ехьэлIа гуфIэгъуэ дауэдапщэ екIуэкIащ.
14 ноября, 2022 - 10:33
«Джылахъстэн» фIэщыгъэм щIэту Тэрч къалэ дэт адыгэ тыкуэныр хьэпшып гъэщIэгъуэнхэмкIэ апхуэдизкIэ бейщи, музейм щебгъэщхь щыIэщ. Ар ди щIыналъэм ит адыгэ тыкуэн нэхъ инхэм язу къэплъытэ хъунущ. Адыгэ тхылъхэр, сэ зэмылIэужьыгъуэхэр, чысэ, бгырыпх, цIыхубз хьэпшып, щакIуэхэм къахуэсэбэпыну цIыкIуфэкIухэр, пкIыгъэхэр, нэгъуэщI куэди къыщыбгъуэтынущ абы.
14 ноября, 2022 - 10:00
Налшык къалэм щэнхабзэмрэ зыгъэпсэхупIэмкIэ и парк зэгухьэныгъэм ЩIыуэпсым и теплъэр егъэфIэкIуэнымрэ зыхуей хуэгъэзэнымкIэ и къудамэм и унафэщIщ зэфIэкI зиIэ лэжьакIуэ ныбжьыщIэ Щоджэн Линэ. Ар и лэжьыгъэм дихьэхащи, сыт хуэдэ Iуэхуми жыджэру йоувалIэ.
11 ноября, 2022 - 13:59
Си цIыкIугъуэм къыщыщIэдзауэ сыщIэхъуэпсырт «адыгейкIэ» зэджэхэр (кIахэ адыгэхэр) зищIысыр зэзгъэщIэным, ящыщ гуэрхэм нэIуасэ схуэхъуным, щыпсэу щIыпIэхэм зыщысплъыхьыным. СощIэж, «щIалэ цIынэ» зыхужаIэ ныбжьым ситу, Къэбэрдей-Балъкъэр радиом адыгэбзэкIэ къит нэтынхэм, «тедымаи мыр» къысхужаIэу, седаIуэу зэрыщытари. А лъэхъэнэрщ кIахэ псэлъэкIэр дыдейм къызэрыщхьэщыкIым япэу гу щылъыстари, а бзэмкIэ кърагъэт уэрэдхэм, згъэщIагъуэу, едэIуэн щыщIэздзауэ щытари.
Страницы
|