ЩIалэгъуэ

Бгым узэрыдэкIым хуэдэщ

Фэилъхьэгъуэхэр, цIыхубзхэм зэрызагъэщIэращIэ хьэпшыпхэр къэзыгупсысхэм хуэдэ дыдэу, ди зэманым щIэупщIэшхуэ яIэщ пэшкIуэцIхэр зыгъэдахэхэми. 

Мыщхьэх дахащIэщ

  Iэхъуэбэч Бэллэ КъБКъУ-м юриспруденцэмкIэ и факультетыр къиухащ. Ар Урысей зэкъуэт партым и «ЩIалэгъуэ гвардие» урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм Бахъсэн къалэм щиIэ щIыпIэ зэгухьэныгъэм и унафэщIщ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и ЩIалэгъуалэ Советым хэтщ, апхуэдэуи КъБР-м и Парламентым и 6-нэ зэхуэсыгъуэм и депутат Бечеловэ Людмилэ и дэIэпыкъуэгъущ.

Тамерлан и зэфIэкI

Мы гъэм фокIадэм и 8-м щы­щIэдзауэ махуитхукIэ Налшык къалэ щекIуэкIащ IэщIагъэм хуэшэрыуэу зегъэужьынымкIэ агентствэм и щапхъэм тета еп­щIанэ «IэщIагъэлI ныбжьы­щIэ­хэр» лъэпкъ чемпионатыр. 

ЩIэныгъэм и хъуаскIэр

Хабзэ хъуауэ, ди къэралым гъэ къэс щокIуэкI «Илъэсым и егъэджакIуэ» къэралпсо зэпеуэр. 

Зэныбжьэгъухэр

Пщыхьэщхьэм зэныбжьэгъу­хэр уэршэру я пщыIэм къыте­хьэжащ. Ахэр ешат. Махуэ псор Iэщыхъуэхэм я дэIэпыкъуэгъуу, къыщыдэхуэхэм деж, дыгъафIэ джабэ нэкIум мэракIуэ къыщалъыхъуэу, бгы щыгум зэры­дэ­хьейрэ щызэрызехьэу ягъэ­-кIуащ.

Сихъу хьэблэ и Iэгъуэблагъэм

Кавказ КъухьэпIэ дахащэм и адыгэ лъагъуэжьхэмкIэ ирикIуэныр фIыуэ зылъагъухэм ди гъуэгуанэм пыдощэ.

ЩIалиплIыр: Бышэн Хьэбасрэ сэрэ, ныбжьыщIэхэу Бышэн Аслъэнрэ Мэремыкъуэ Амиррэ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ дыкъыдэкIри, Щхьэгуащэ псыхъуащхьэ иужьрейуэ къыдэс Гъуазэрыплъ жылэ цIыкIум дынэсащ. Абдеж нэху дыкъыщекIри, къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ мэзылъэ бгым лъэсу дыкIэрыхьащ.

Дигор жьанэ

Узыхуейр умыщIэжу щхьэукъуэрилэ ухъуарэ дунейм утезашэу щIэбдзамэ, уи псэм и хущхъуэгъуэри, зыхуэчэму къилъыхъуэри щIэщыгъуагъэкIэ гъэнщIа, зыхимыщIыкIыу щытам лъэзыгъэIэс гъуэгуанэ телъыджэрщ, укъыщыщIидз щIыпIэхэм къыщыунэху теплъэгъуэхэмрэ нэгузыужьыкIэу къыщыпхулъыкъуэкIхэмрэ гу зэIухакIэ уазэрыпэджэжырщ.

Уахэм къыщалъэгъуащ

Карнеги и цIэр зэрихьэу США-м щыIэ щIэныгъэ институтым и IэщIагъэлIхэу Фенг Фаборэ Батлер Полрэ иджыблагъэ хьэршым къыщахутащ абы къыщызылъэтыхь пкъыгъуэ абрагъуэхэм ящыщу «Нептун щIыIэ» зыфIащамрэ гъащIэ здэщыIэнкIэ хъуну зыхуагъэфащэ планетэу тIурэ.

Химие щIэныгъэм и щэхухэм теухуауэ

Химие щIэныгъэхэм я кандидат, Урысейм и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Къуэкъуей (Алмэ) Анетэ Къармэхьэблэ къуажэм къыщыхъуащ, Къэхъун унагъуэу щопсэу. 

ЩIыуэпсыр зэрызыхэтщIэщ

ЛъакъуэрыгъажэкIэ зекIуэ гъуэгуанэ техьэныр, «велотуризм» жыхуаIэр, нэ щIэщыгъуэкIэ дунейр уэзыгъэлъагъу Iэмал гъуэзэджэхэм ящыщщ. Абы хузэфIокI, лъэсу къэпкIухькIэ щIэх зэщIумыгъэхьэфын, автомашинэкIэ уздынэмысын щIыпIэ телъыджэхэр къуигъэплъыхьын. Апхуэдэ гъуэгуанэ техьэныр цIыхур зыщIэзыгъэгупсысыж, и псэм нэхур хэзыгъапсэ, зезыгъэгъэпсэху, махуэ къэс къыдэгъуэгурыкIуэ «къызэрыгуэкI» дунейм щыхэтым деж зыхимыщIэ гугъэпсэхугъуэм изышэщ, «медитация», «философия» псалъэхэм къызэщIрагъэубыдэ гупсысэкIэм лъэмыкIыу нэхъ гъунэгъу хуэзыщIщ.

Страницы

Подписка на RSS - ЩIалэгъуэ