Зэманым къелар

Адыгэхэр къызытехъукIыжауэ ялъытэ хьэтхэм къызэранэкIащ хьэлэрытх тхыгъэ гуэрхэр, ауэ абыхэм зыри къеджэфакъым иджыри къэс: илъэс минищрэ щитIрэ и пэкIэ лъэлъэжащ хьэтхэм я къэралыгъуэр, я бзэри Iужакъым абы лъандэрэ. Тхыбзэ яIауэ хуагъэфащэ пасэрей адыгэ лъэпкъхэм ящыщ зым – синдхэм, ауэ абыхэм къызэранэкIауэ зы тхыгъэ кIапи къелакъым зэманым, псалъэ закъуэтIакъуэ фIэкIа (мывэ сынхэм, кхъуэщынхэм, къинэмыщI пасэрей хьэпшып гуэрхэм къытенауэ).

Илъэс минрэ щитхурэ и пэкIэ хасэгъа ЯтIэгъуэ сыным (Дау и къуэхэм я сынкIэ зэджэм) и щIыфэм алыдж хьэрфкIэ тхауэ тет тхыгъэм адыгэбзэкIэ къеджэ щIэныгъэлI щыIэщ; апхуэдэ тхыгъэ гуэрхэм ущрохьэлIэ адыгэ лъахэм курыт лIэщIыгъуэхэм иращIыхьауэ щыта члисэхэм я блынхэм. НэгъуэщI тхыгъэ кIапэлъапэ гуэрхэри щыхьэт тохъуэ адыгэхэм тхыбзэ зэрагъэпэщыфауэ (е абы пыхьауэ) зэрыщытам, апхуэдэ тхыгъэ гуэрхэр (XVI - XVIII лIэщIыгъуэхэм къащIэнауэ) къахутащ щIэныгъэлI цIэрыIуэ зыбжанэм – Лавров, Турчанинов сымэ, нэгъуэщIхэми.

А псор щыхьэт зытехъуэр зыщ: ижь-ижьыж лъандэрэ щIэкъуащ адыгэхэр тхыбзэ зэрызэрагъэпэщыным, абы и мыхьэнэр пасэу къагурыIуауэ зэрыщытами шэч хэлъкъым. Адыгэхэм ар нэхъри зэхащIыкI щыхъуар, псори зэрыщыгъуазэщи, XIX лIэщIыгъуэр къихьа нэужьщ. Псэуху, Нэгумэ Шорэ лъэпкъым тхыбзэ хузэгъэпэщыным, щIэблэр щIэныгъэм къыщIэгъэтэджэным хуэлэжьащ. Шорэ и зэманым е нэхъ иужьыIуэкIэ щIэныгъэлI, тхакIуэ, узэщIакIуэ куэди пылъащ адыгэхэм тхыбзэ яхузэгъэпэщыным, ахэр щIэныгъэм и гъуэгум тешэным.

Хъан-Джэрий щыхьэт тохъуэ шапсыгъ ефэнды ЩэрэлIокъуэ Мыхьэмэт адыгэбзэм и алфавит зэхилъхьауэ зэрыщытам; щыгъуазэхэм зэрытхыжамкIэ, ЩэрэлIокъуэ Мыхьэмэт (Наутокъу) усакIуэшхуэуи щытащ, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, абы и зы усэ фIэкIа къэсакъым ди деж, ари урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ. Езы Хъан-Джэрии зэхилъхьащ адыгэбзэм и алфавит, абыкIэ итхыжауэ щытащ адыгэ хъыбарыжь куэд (ахэр къэсакъым ди зэманым, къэсами, дэхуэхауэ, дунейм къытехьэжакъым иджыри къэс).

1853 гъэм къыдэкIащ япэ адыгэ тхылъыр – Бырсей Умар и Iэдакъэ къыщIэкIар. ХьэтIохъущокъуэ Къазий и тхылъхэр 1864 - 1865 гъэхэм Тифлис къыщыдэкIащ, езым зэхилъхьа алфавитымкIэ тедзауэ. Бырсей Умаррэ ХьэтIохъущокъуэ Къазийрэ зэхалъхьа адыгэ алфавитхэмкIэ адыгэбзэр джын яублауэ щытащ щIэблэм, а Iуэхум зимыубгъущами. Бырсей Умар, ХьэтIохъущокъуэ Къазий сымэ я ужькIэ дунейм къытехьащ нэгъуэщI адыгэ алыфбей зыбжани, урыс, хьэрып хьэрфхэр лъабжьэ яхуэхъуауэ. Апхуэдэ алфавитхэмкIэ дунейм къытехьащ тхылъ цIыкIу зыбжанэ, ауэ абыхэми зэрызаубгъуа щыIэкъым.

Нэхъ цIэрыIуэ хъуауэ щытащ Къэбэрдейм и кIуэцIкIэ Цагъуэ Нурийрэ Дым Iэдэмрэ къыдагъэкIа тхылъхэмрэ «Адыгэ макъ» газетымрэ. Зэхэубла зэрыхъу лъандэрэ зыужьыныгъэшхуэ игъуэтащ адыгэ тхыбзэм – абы шэч хэлъкъым. Нобэрей ди бзэмкIэ къэпIуэтэфынущ гупсысэм я нэхъ куур – абы щыхьэт тохъуэ ди тхакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм я фIыпIэр. Ауэ абыкIэ укъызэтеувыIэ хъунукъым – махуэ къэси заужьын хуейщ бзэми тхыбзэми, арыншамэ ахэр гуащIэмащIэ мыхъункIэ Iэмал иIэкъым, я пIэм иуджыхьурэ.

Бзэми тхыбзэми заужьынукъым, ахэр къыщагъэсэбэп IэнатIэхэр мащIэ хъумэ. Анэдэлъхубзэм дежкIэ нэхъ удынышхуэ дыдэхэм ящыщщ ар. Бзэм зыщиужьынури пщIэ щиIэнури абы лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэ ин дыдэ зэриIэр цIыхум къагурыIуэмэщ. Зэи тщыремыгъупщэ: бзэм пщIэ имыIэж хъумэ, абы и гъуэгур егъэзыхыгъуэ хъуауэ аращ – адэкIэ къыпэплъэр гурыIуэгъуэщ… Дэтхэнэ бзэми гъуэгуанэшхуэ зэпеч, а гъуэгур здикIум, бзэр лъэпощхьэпо Iэджэм IууэнкIэ мэхъу – адыгэбзэми и нэгу щIэкIащ ар, нэгъуэщIыбзэхэр къыщытегуплIи къэхъуащ, я жьауэм щIэхуэурэ. Ар дяпэкIэ къэмыхъун щхьэкIэ, псори дыхуэсакъын хуейщ ди бзэм – абы иритхэхэри ирипсалъэхэри.

Бзэм псалъэщIэ къимыгъэщIыжыф хъуамэ, абы хамэбзэр къытегуплIауэ аращ. Ди бзэм псалъэщIэ куэд къигъэщIын хузэфIэкIащ иужьрей илъэсхэм, жьы хъуауэ ялъытэ псалъэ гуэрхэми псэщIэ къахыхьэжауэ, я мыхьэнэм зиубгъуауэ урохьэлIэри, ар узыщыгуфIыкIын хуей Iуэхущ. НэгъуэщI зыми гу лъытапхъэщ. Иужьрей илъэсхэм жаIэуи ятхыуи ущрихьэлIэ щыIэщ: адыгэ псоми ди зэхуэдэ зы литературэбзэ къэдгъэщIын хуейщ, ди бзэхэр зэхэлъхьауэ. Ар пхузэфIэмыкIын Iуэхущ: бзитI (е нэхъыбэ) зэхалъхьэурэ, зы бзэ къагъэщI хабзэкъым. АбыкIэ ди щхьэр къэдгъэпцIэж нэхърэ нэхъ щхьэпэщ, зы бзэм хуэчэм псалъэхэр адрей бзэм къыхэтхыурэ къэдгъэсэбэпмэ.

Къэбэрдейхэми кIахэ адыгейхэми я бзэм (я тхыбзэм) къыщагъэсэбэп хъун псалъэ дыгъэл куэд хэбгъуэтэнущ ди бзэхэм я диалектхэм – апхуэдэ хэхъуапIэ зэрыщыIэм зыми гу лъыттэркъым. Къэбэрдейхэм ди бзэм куэд дыдэрэ къыщыдгъэсэбэп «пщащэ» псалъэр ЩоджэнцIыкIу Алий къызыхихар (къыщигъуэтыжар!) беслъэней диалектырщ – ар щапхъэ тхуэхъун хуейщ. Ди алфавитым папщIэ. Ар зэхъуэкIын хуейуэ жаIэ куэдым. «Хьэрф зэгуэтхэр тхузэгъащIэркъым, дагъэлъэпэрапэ, къыдохьэлъэкI», – апхуэдэ псалъэмакъ зэхыбох Iэджэрэ. Ди алфавитым лажьэ иIэкъым, ар зэзымыгъэщIэфыр щхьэхынэмрэ зи анэдэлъхубзэр къызыфIэмыIуэхумрэщ. Я алфавитыр «езыгъэфIэкIуэн» щIэныгъэлI я мащIэ хъункъым инджылызыбзэм ирипсалъэ лъэпкъхэм, ауэ абы зыри пыхьэркъым, алфавитым уриджэгу зэрымыхъунур къагуроIуэри. Китай алфавитым и гугъу тщIыххэнкъым: сабий ныбжьым иту щIадзэри, жьы хухъу яхузэгъащIэ къудейщ китайхэм я тхыбзэр, итIани ар «ирагъэфIэкIуэн» Iуэху зэрахуэркъым. Абыхэм еплъытмэ, ди алфавитым лажьэ иIэкъым, абыкIэ утхэнми уеджэнми гугъуехь лъэпкъ пылъкъым. Илъэс мин Iэджэм япсыхьауэ нобэрей щIэблэм деж къэсащ адыгэбзэр. Ди тхыбзэм ныбжьышхуэ зэримыIэр къэплъытэмэ, и къару илъыгъуэщ хужыпIэ хъунущ. Аращ жаIэ хабзэр илъэсищэм куэдкIэ щIимыгъуа тхыбзэм щхьэкIэ. Адыгэ тхыбзэм гъуэгу кIыхь зэрикIуфын гуащIэ бгъэдэлъщ, абы шэч къыщIытетхьэн щыIэкъым.

Поделиться:

Читать также: