Анэр нэм хуэдэщЩэкIуэгъуэм и 26-м Урысей псом щагъэлъапIэ Анэм и махуэр. Хуабагъэ нэрымылъагъу зыщIэлъ, цIыхупсэр зыгъэгуфIэ махуэщIыр илъэс къэс тохуэ дызэрыт мазэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм. Абы ирихьэлIэу дэтхэнэ зыри хущIокъу и анэм ехъуэхъуну, быдэу IэплIэ иришэкIыну, тыгъэ гуапэ хуищIыну. Сабий садхэмрэ курыт еджапIэхэмрэ гулъытэ хэха щыхуащI абы, концерт зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкI, я анэхэм я гуапэ ящIу. МахуэщIым и мыхьэнэр, и фIэщыгъэми къызэригъэлъагъуэщи, гурыIуэгъуэщ. Ар зэрыщыту хуэгъэпсащ анэхэм, абы къытхуащIэр къызэрыдгурыIуэр наIуэ ящытщIу дахуэгуэпэным. Хабзэ дахэу къокIуэкI а махуэм анэхэм псалъэ дахэхэр яжеIэныр, дунейм дыкъызэрытрагъэхьам, зыхуей дыхуагъазэу дызэрапIам, гъащIэ гъуэгум дызэрытрагъэувам, цIыху хэтыкIэ, псэукIэ тщIэуэ дызэрагъэсам папщIэ.
АнэГъащIэр ехь Химыгъэхьэ жэщым,
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 17:09 →
Хэт и дамэр нэхъ кIыхь?
08.05.2024 - 16:06 →
Зауэм и бынхэм гулъытэ хуащIу
08.05.2024 - 14:02 →
Радиом и махуэм теухуа телечэщанэ джэгу
08.05.2024 - 13:00 →
Зи пIалъэр икIахэр къуащэнукъым
08.05.2024 - 12:38 →
ЛIыгъэ зыхэлът
|