ЗэгурыIуэныгъэм Iэ щIадзащ

КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Берд Хьэзрэталийрэ Пятигорскрэ Черкесскрэ я Архиепископ - Феофилактрэ зэрызэдэлэжьэнум щыхьэт техъуэ зэгурыIуэныгъэм Iэ щыщIадзащ КъБР-м и Парламентым. 
- Урыс православнэ члисэм дызэрыдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэр щIэдгъэбыдэну аращ нобэ дыщIызэIущIар. Пэжщ, дэ нэхъапэкIи Iуэху зэхудиIэурэ дыкъэгъуэгурыкIуащ. Ауэ мы зэгурыIуэныгъэм ди зэпыщIэныгъэр нэхъри игъэбыдэну дыщогугъ, - жиIащ Берд Хьэзрэталий. 
- Жылагъуэ палатэм республикэм и псэукIэр ефIэкIуэным теухуауэ Iуэху куэд елэжь. IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр фIыуэ ялъагъу, абы и къэкIуэнум тогузэвыхь, ирагъэфIэкIуэн папщIэ Iуэху зэхуэмыдэхэр зэфIах. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIахэмрэ зи дин зэтемыхуэхэмрэ зэгурыгъэIуэным теухуауэ ящIэхэри нэхъыбэжщ. Си гуапэщ мы зэгурыIуэныгъэм Iэ зэрыщIэддзар - абы ди зэхущытыкIэр иригъэфIэкIуэнущ. Нэхъри хохъуэ республикэм и Iуэхухэм теухуауэ къатщтэ жэуаплыныгъэр. Си фIэщ мэхъу, мы дэфтэрыр Iуэхугъуэ дахэхэм щIэдзапIэ яхуэхъуну, - къыхигъэщащ Феофилакт. 
 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: