Бжьыхьэ сэгъуэм зыхуагъэхьэзыр

Бахъсэн щIыналъэм мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэхэмкIэ и Управленэм и унафэщI Къаскъул Хьэмидбий дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, нартыхур кIэрыхуншэу къыщрахьэлIэжащ гектар мин I6-м нэблагъэм, зы гектарым хуэзэу къытрахар центнер 75-80-м ноблагъэ. Псом хуэмыдэу гъэр бэвагъкIэ къахуэупсащ Ислъэмей, Псыхъурей, Куба, Бахъсэнёнкэ, Крем- Константиновкэ жылэхэм.
Нартыхум къыкIэрымыхуу зэщIакъуэжащ сэхуран гектар мини 4-рэ ныкъуэм щIигъу. Абы зы гектарым хуэзэу центнер 30 къытрахащ. ГъавэгъэкIхэм зыкъыкIэрагъэхуакъым пхъэщхьэмыщхьэ хадэхэм елэжьхэми. Гъэр сыт хуэдэу хуабэу щымытами, мыIэрысэр яхуэбэгъуащ. ФокIадэм и пэщIэдзэхэм зыпэрыува лэжьыгъэр псынщIэу кърахьэлIащ, зы гектарым хуэзэу тонн 45-48-рэ къытрахащ.
Районым и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм гъавэр къызытрахыжа хьэсэхэр занщIэу явэ, ягъэщабэ, бжьыхьэсэр и чэзум зэрызэфIагъэкIыным хуэдэу. УнафэщIым зэрыжиIамкIэ, гъавэр, хадэхэкIхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр яхуэбэгъуэныр куэдкIэ елъытащ щIым телэжьыхьхэр жылапхъэфIхэмрэ иджырей Iэмалхэмрэ къызэрагъэсэбэпым. Хозяйствэхэр техникэхэмкIэ къызэгъэпэщащ, гъавэм и хэсэгъуэмрэ и къехьэлIэжыгъуэмрэ нэмыс щIыкIэ сэкъат зыгъуэта техникэхэр зэрагъэпэщыж, IуэхущIапIэхэм езыхэм я мастерскойхэр яIэжщи, зыр адрейм дэIэпыкъуу зэдолажьэхэр. МэкъумэшыщIэхэр дагъэгъэсыныпхъэмрэ щIыгъэпшэрхэмкIи бэлэрыгъыркъым. Хозяйствэ къэс убзыхуауэ иIэщ мы гъэм бжьыхьэсэр щригъэкIуэкIыну щIыр зыхуэдизыр, абы ехьэлIэн хуей мелиорацэ лэжьыгъэхэр зыхуэдэр, хьэсэхэм я щытыкIэр, зызыгъэпсэхун хуей щIы кIапэхэр.
 
 Сыт хуэдэу предприятэхэр зыхуей хуэзэу щымытми, ныкъусаныгъэ щхьэхуэхэр здэщымыIэ щыIэкъым. Апхуэдэхэм дежи дэтхэнэ зыри хущIокъу Iэмал псори къызэрагъэсэбэпыным, губгъуэ лэжьыгъэр зэрамыгъэгувэным. Мыбдежым гулъытэншэу къэбгъанэ хъунукъым щIым телэжьыхьхэм къэралым къарит дэIэпыкъуныгъэхэри.
Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, республикэм гъавэрэ джэшхэкIыу къыщрахьэлIэжащ тонн зы мелуаным щIигъу. Псом нэхърэ нэхъыбэ нартыхур гектар мин 700-м щыIуахыжыну хунэсащ. Къапщтэмэ, мы гъэм ди щIыналъэхэм я мэкъумэш IуэхущIапIэхэм псоми зэхэту гъавэ гектар мин 2I7-рэ щыхасащ. Ар гъэ кIуам нэхърэ гектар мин I2-кIэ нэхъыбэщ.

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: