Тхыдэм щыщ зы напэкIуэцI

Адыгэ жыIэгъуэхэм нэхъ щапхъэ дахэ ухуейкъым, лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэм уриплъэжын, гукIэ зыхэпщIэн папщIэ. Мы тхыгъэ кIэщIыр зытеухуар Абатэхэщ. Адыгэ лъэпкъыжьщ, я лъэкIыныгъэри мащIэтэкъым, куэди яхузэфIэкIырт, бзаджагъэкIи къалъэщIыхьэн щымыIэуи ерут. Адыгэ IуэрыIуатэм къыхэнауэ псэлъафэ куэд дыдэ хэтщ, Абатэхэ я цIэр къыхэщу: «Абатэхэ я зепхъуэкIэу узэрапхъуаи…», «Уи лъапсэ Абатэхэ щыджэгуа нэхъей», «Абатэ и къуэм и батэ гъэшыкIэ», «Бэр нэмысурэ Абатэхэ къахуэнащ», «Ибэу укъэнэнуми, Абатэхэ закъылъумынэ», нэгъуэщIхэри… Иужьрей жыIэгъуэр куэд щIакъым зэрызэхэтхрэ, ар къызыбгъэдэкIа нанэм абы къикIыр къыгурыIуащэу щымытми, нахуэт ущие мащIэм и лъабжьэ гъэсэпэтхыдэшхуэ зэрыщIэлъыр. «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм яфIэгъэщIэгъуэн хъуну къытщыхъуащ мыпхуэдиз псэлъафэр зыпылъ Абатэхэ зи хэтыр я пащхьэ итлъхьэмэ.
 

ИлъэсищэкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм и мафIэ бзийм хэкIуэдэжа лъэпкъхэм ящыщщ Абатэхэ. Зэгуэр лъэпкъышхуэу щытам и цIэм фIэкIа, и щхьэм къыхэнаишхуэ щыIэкъым, илъэсищэ зауэм куэд ихьащ, иужькIэ, Совет къэралыгъуэр щызэфIэувэм, нэхъыбэж ягъэкIуэдащ. Зэгуэр Шапсыгъым и уэркъышхуэу щыта Абатэхэ я цIэр а щIыналъэм къыщыбгъуэтыныр къызэрымыкIуэу гугъущ. Ауэ абыхэм я лъэужьыр иджырей Къэрэшей-Шэрджэсым нобэми щыхэгъуэщэжакъым, уеблэмэ я цIэр телъу ягъэтIысыгъа къуажэр щыIэщ, йофIакIуэ, зеубгъу. Зи гугъу тщIыр Инжыджышхуэ псым и сэмэгурабгъу лъэныкъуэм и бжьэпэм тес Абатэхьэблэщ, иджы Эрсакон жыхуаIэрщ.
Адыгэ лIакъуэхэм ящыщу Инжыджрэ Уарпрэ я зэхуакум щыпсэуа лъэпкъхэм шапсыгъхэр дауэ къазэрыхэхуар? «Уарп псыхъуэ къыщыщIэдзауэ Псыжь псыхъуэ и сэмэгурабгъум нэс нэхъыбэу исар къэбэрдей, беслъэней, абазэхэ, кIэмыргуей лIакъуэхэращ. Урыс-Кавказ зауэм къела адыгэхэм зэрагъэпэщыжа къуажэхэм я жылэпщхэм я цIэхэм къытепщIыкIа фIэщыгъэхэр зэрахьэ: ХьэтIохъущыкъуей, Дохъушыкъуей, абазэпщ Лэухэ, Бибердхэ, Къылышхэ я къуажэхэр, нэгъуэщIхэри. Ауэ абыхэм я нэхъ гъэщIэгъуэну Уарп и псыхъуэмрэ Инжыдж псыхъуэмрэ дэсащ шапсыгъ жылагъуитI», - щетх филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Темыр Рае иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэм.
Дызэрыщыгъуазэщи, Шапсыгъ щIыналъэр хы ФIыцIэ гъунэм къыщыщIидзэрти, АтIэкIумэ, Псыжь, ЩIыпс и псыхъуэхэр къызэщIэзыубыдэ хэгъэгу зэбгъузэнатIиплIу къыщылът. Абы ШапсыгъышхуэкIэ еджэу щытащ. ЦIэмэз къыщыщIэдзауэ Шахэ, Пщадэ псыхъуэхэм къадэкIуэ щIыналъэр Шапсыгъ ЦIыкIукIэ зэджэм хыхьэрт. Шапсыгъ лIакъуэлIэш Абатэхэ нэхъ цIэрыIуэу къахэкIахэм ящыщщ Беслъэнейрэ Убыхрэ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, ахэр шапсыгъхэм я пщышхуэу щытащ.
Убых и цIэм тхыгъэхэм зэм Убыш жиIэу, зэми Убыхыу ущыхуозэ. Абатэ зэшхэм зэрахьэу щыта цIэхэр къану зрата лIакъуэхэм я фIэщыгъэу къаIуатэ. Беслъэней и атэлыкъыу щытар беслъэней лIакъуэм щыщти, пщы щIалэм ар цIэуэ фIащащ. Адрейр убыххэм я деж щапIати, Убых къыфIащащ.
«Адыгэ лъэпкъым и къэкIуэнур, и дуней тетыкIэнур Уэсмэн къэралымрэ Урысей империемрэ щаубзыхуа лъэхъэнэм Абатэ Беслъэней балигъыпIэ иуват, – щыжеIэ и къэхутэныгъэм Темыр Рае. – Лъэпкъым и пщэдейрей махуэр, езыр хэмыту, къэралышхуитIым зэфIахащ Адрианополь зэгурыIуэныгъэмкIэ. Абы къыщыгъэлъэгъуа щхьэкIуэ шэчыгъуейращ зэгуэрми зым и лъэгущIэтыну щымыта адыгэ лъэпкъыр икIуэтыпIэншэ зыщIар. 1807 - 1812 гъэхэм Урысейм и дзэм, Золотницкэ Пётр зи унафэщIым, Натыхъуей жылэу 40-м щIигъу зэтрикъутащ. Къэзакъ атаман Бурсак и гупым махуитхум и кIуэцIым шапсыгъхэм я къуажэ 18 игъэсащ. А лъэхъэнэм Абатэ Беслъэней къыгурыIуащ и лъэпкъыр кIуэдыпIэм зэрыхуагъакIуэр. 1829 гъэм Беслъэней Тыркум кIуауэ щытащ адыгэхэм я щIыналъэр Урысейм иратар пэжрэ пцIырэ зэхигъэкIыну. Абатэм абдеж къыгурыIуащ Тырку къэралыр Урысейм зэрыпэмылъэщыр къыщагъэпщкIуну яужь зэритыр. АкъылыфIэ, жыжьаплъэ Беслъэней зыхищIэрт адыгэхэр Урысейм гурыIуэмэ, я Iуэху нэхъыфI зэрыхъунур икIи а Iуэхур зэфIихыным иужь итащ. Ауэ адыгэпщхэр, мы Iуэхум зэреплъымкIэ, гупищу зэкъуэуда хъуащ. Япэ гупыр Тыркум и телъхьэт, етIуанэм Урысейм и лъэныкъуэр нэхъ къащтэрт, ещанэ гупми здеIэну лъэныкъуэр иджыри къыхахауэ щыттэкъым».
Абатэ зэшхэм я пэщIэщIэгъу хъуауэ нэхъыжьхэм къаIуэтэжыр ХъуэрэлIыкъуэ Хьэмырзэщ. Ари лIакъуэлIэшт, цIэрэ щхьэрэ иIэу, адыгэхэр щхьэхуиту зауэм къыхэкIын, зыми и унафэ щIэмыту, езыхэм я Iуэху зэрахуэжу псэун хуейуэ зыгъэув лIы пхъашэхэм ящыщт. ЗэраIуатэмкIэ, Абатэр Тыркум щыкIуэм, ХъуэрылIыкъуэр щIыгъуащ. Нэхъыжьыгъэр зейр Хьэмырзэти, пащтыхьым и пащхьэ ихьэри, здикIа хэкур бэлыхьлажьэм зэрыхэтыр, IэщэфIкIэ зэщIэузэда биидзэм зэрыпэщIэтыр, дэIэпыкъуэгъукIэ тырку пащтыхьым зэрыщыгугъыр, Адыгэ Хэкур мыкIуэдыжу къызэтенэным и гуащIэ хилъхьэну зэрыпэплъэр жриIащ. Пащтыхьми хузэфIэкI хилъхьэну къигъэгугъэ хуэдэу зищIащ, ауэ къызэреупщIар нобэми ди лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэ зиIэ зы Iуэхугъуэщ: хэт адыгэхэр зэкъуэзыгъэувэу зы бэракъ щIэзыгъэувэнур? ХъуэрэлIыкъуэм и псэлъэкIамрэ Iэдэбу, и щхьэр ихауэ пащтыхьым зэрепсэлъар адыгэ лIыкIуэ гупым ялъэгъуати, абы жэуапыр пащтыхьым иритыфыну псори хуеплъэкIа щхьэкIэ, псэлъапIэ имыхуэжу, Абатэр къэпсалъэри, «сэращ» жиIащ. ХъуэрэлIыкъуэ Хьэмырзэм игу хигъэщIащ Абатэм зэрихьа псынщIагъэм, ауэ зыри жиIакъым. Лъэпкъым ифI зыхэлъым щхьэкIэ Хьэмырзэ зи тэмакъкIэщIыгъэр езышэхыфыну закъуэтIакъуэхэм ящыщти, зыщыгугъам Абатэр къыщыщIэкIакъым.
Абыхэм я къэгъэдэIуэным Абатэхэм бзаджагъэ халъхьауэ, абазэхэхэм, беслъэнейхэм, кIэмыргуейхэм я жылэхэр зэрызэтракъутам Абатэ зэшхэм я ягъэ хэлъу къалъытэу щытащ. Жэщым къэзылъэтыхь удыр хэтми къащIэ, жыхуаIэм ещхьу, Абатэхэ ягу илъ псори къэщIэгъуейт. Урысхэм яхыхьэ-яхэкIыу зэрыщытымрэ абыхэм къыпах хъыбархэр зэхахауэ адыгэхэм къызэрыхуамыIуэтэжымрэ къыхэкIащ абыхэм гурыщхъуэ хуащIыныр, щхьэихауэ я лъэпкъэгъухэм ябгъэдэмыту къалъытэныр. Лъэхъэнэр псэзэпылъхьэу щыщытым, зи жьэгу пащхьэ зыхъумэж лъэпкъым гурыщхъуэ ебгъэщIыныр щIэпхъаджэм пэлъытат. Абатхэ къыхуащI гурыщхъуэм зрагъэгъэзэфакъым, я пщыгъэрэ я лъэкIыныгъэкIэ къыхуаIэ Iулыджыр къагъэсэбэпу щытыкIэм зрагъэхъуэжыфакъым, хэкIыпIэу къагъуэтар зыщ – урысыдзэр щытепщэ Псыжь и ижьрабгъу лъэныкъуэм къэIэпхъуэнырщ.
«Кавказым и къухьэпIэ лъэныкъуэм теухуауэ зэхалъхьа картэм Джэджэн псы цIыкIур Уарп щыхэхуэж щIыпIэм 1842 гъэм Абатэхэ я жылэ щыпсэуауэ къыщыгъэлъэгъуащ, ауэ къуажэр зыгъэтIысар Беслъэнейрэ абы и къуэ Щыхьым-Джэрийрэ нахуэкъым, – етх Темыр Рае. – Щыхьым-Джэрий и къуажэр 1893 гъэм нэс Абатэхьэблэу тхыгъэхэм хэтщ, а гъэм и кIэм ар ятхыжащ Эрсакон къуажэцIэр иIэу. Фелицин Евгений и тхыгъэхэм къазэрыхэщымкIэ, а къуажэм дэсащ нэгъуэщI адыгэ лIакъуэхэм ящыщу: къэбэрдейуэ унагъуэ 29-рэ, беслъэнейуэ унагъуэ 17, кIэмыргуейуэ унагъуи 3, хьэтыкъуейуэ 1 унагъуэ, абазэхэу унагъуи 4, шапсыгъыу унагъуи 6, мудавейуэ зы унагъуэ, къумыкъуу зы унагъуэ».
Нобэр къыздэсым тхыдэхутэхэм нэсу яхузэхэгъэкIыркъым Абатэхэ темыгушхуэу сэкъарэ къумалыгъэ зэрахьарэ. ТхылъымпIэр тегъэщIапIэу уимыIэмэ, щхьэихауэ сытри пхужыIэнущ. Ауэ нахуэр зыщи, лъэпкъыр кIуэдыпIэ щит лъэхъэнэм зэфIэкI инхэр зиIа Абатэхэм я зекIуэкIар ядакъым. Аращ яхэр ягъэмысэу, ятелъ хьэкъыр ямыгъэзэщIауэ жиIэу уэрэдыжьхэм къыщIыхэхуэр. Я гум илъыр къазэрыхуэмыщIэм, ялэжь IуэхущIафэхэм щIэуфэ хуащI гупсысэр зэрымынахуэм къыхэкIкIэщ «Ибэу укъэнэнуми, Абатэхэ закъылъумынэ», щIыжаIар.
Зи гугъу тщIа Абатэ Беслъэней и къуэ Щыхьым-Джэрий зы къуэ иIащ, Беслъэн и цIэу. 1896 гъэм ятха зы тхыгъэм Беслъэн бынибгъу иIауэ къыхощ. Беслъэн и щIэблэр нобэ щопсэу Мейкъуапэ, Краснодар, Щачэ къалэхэм, абыхэм уащрихьэлIэнущ Тыркум, Германием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм.

 

ТАБЫЩ Муратщ, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.
Поделиться: