Жылэтеж Ахьмэд и фэеплъуНалшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ спортым и мастер Жылэтеж Ахьмэд и фэеплъу щыта езанэ урысейпсо зэхьэзэхуэр. Абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэ 17-м я спортсмен ныбжьыщIэу 180-рэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм фIыуэ зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи медали 8 къыщихьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэр щаубыдащ Жыласэ Рустам (кг 61-рэ), Джыджий Тамирлан (кг 86-рэ). ЕтIуанэ увыпIэм дэкIуеящ Къалэбатэ Абдул (кг 57-рэ), Гергоков Саид (61-рэ), Хасауов Смаил (кг 70), сымэ. Ещанэ хъуахэщ Къэнэмэт Алихъан (86-рэ), Щоджэн Ислъам (92-рэ), ЕхъулIэ Азэмэт (97-рэ) сымэ.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
07.05.2024 - 15:37 →
Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ Европэпсо зэпеуэм макIуэ
|