ЛIыжь цIыкIумрэ мэзылIымрэ

Зы лIыжь цIыкIу гуэрым и витIыр щIищIэри, еуэри мэз кIуащ: «Уэлэхьэ, фызыжь, уэ уфыз фIыцIэщ, ауэ фыз хужьыпхъэ къыпхуэсшэнмэ», - жиIэри.

Зэманыр гъэмахуэпэ мазэти, мэзыр ухэмыпщыфу зэщIэкIат: тхьэрыкъуэф, лъэнтхъуий, шыпсыранэ, аму дэгу, нэгъуэщI удз зыбжани къыщыкIырт мэзым.

ИпэкIэ гу къэгъэшыжыпIэм и деж гухэр щыщIатIыкIырт, выхэм бжьы ятелъу, адэ пхъэ гъур здэщыIэм нэскIэ кIуэрти, бжьыкIэ къалъэфырт гум нэс, гум къралъхьэрт, къакъузыжырти, лъейуэ къэкIуэжырт. Пхъэр здэщыIэм нэскIэ гур кIуэртэкъым.

Арати, лIыжь цIыкIуми и витIыр бэгъуауэ пшэрт икIи къигъэгугъэрти, адэкIэ гъуэгу здимыIэжым нэскIэ кIуащ. И витIыр жыг гуэрым ирипхри мэзым хэлъэдащ, пхъэ гъур къигъуэту, ар зэгуиуду, пхъэ плIанэ къишэну мурад ищIати. Нижыхьым-къижыхьурэ, сытми, хьэщхьэтеуэм кърищIыкIауэ зы жыг ин джабэм кIэрылъти, лIыжь цIыкIум абыкIэ иунэтIащ. «Махуэ зыбгъупщIкIэ сыкъызэкIэлъыкIуэми срикъунущ мы жыгыжьыр», - жиIэри щыгуфIыкIащ. ИкIи бгъэдыхьэри джыдэ тIыгумкIэ жыгым теуIуащ. Зы метркIэ упэжыжьэр умылъагъуну пабжьэти, жыгым зэрытеуIуэу, уий зэрамыщIэжу зы бэлацэ къызэфIэуващ.

ЛIыжь цIыкIум етIуанэу еуэну иIэта джыдэр зэриIэтам хуэдэу къэнащ. Джыдэр кърихьэхыжмэ етIуанэу къиIэтыжыху, мэзылIыр къэIэбэнурэ зэпкъритхъынут. МэзылIри щытщ, лIыжь цIыкIури щытщ, мывэ сын фIэкIа пщIэнтэкъым тIури. МэзылIыр щхьэпцIэт, пцIанэт, игъащIэм цыуэ къытекIар кIыру тетт, и Iэбжьанэр кIыхьу пыкIыкIат, и нэр цIууэ цым къыхэплъырт, и IупщIакIэ щIагъ къыIурылэлыр цым къыхэщу плъагъу къудейт.

Арати, лIыжь цIыкIум и фэм пщыкIутхуу зызэрихъуэкIащ. Плъыжь хъуащ, хужь хъужащ, щIыху-фIыцIафэ къыщIэлъэдауэ щытщ. Еуэнущи, мэшынэ, къыIукIыжынущи, мэшынэ. И Iэ Iэтар ешащи, и псэр поху. МэзылIми мо джыдэр Iэтауэ зыIыгъым щошынэри, зыри жиIэркъым.

Куэдрэ щыта, мащIэрэ щыта? ТIури ешат. Иужьым мэзылIыр ину дыхьэшхащ, МэзылIыр щыдыхьэшхым, лIыжь цIыкIум и гур тIэкIу нэхъыфI къэхъужащ. МэзылIыр къэпсалъэри жиIащ:

- Псалъэ пэжищ къызжепIэмэ, узутIыпщыжынущ узмышхыу. Умыгужьей апхуэдэу, иIэ, сынодаIуэ.

ЛIыжь цIыкIу мыгъуэр мэгузавэ, дунейм мы шынагъуэм жриIэнур ищIэркъым, пэж и гугъэу зыгуэр жриIэрэ ишхымэ, жримыIэми - нэхъеижым.

- АтIэ, япэрауэ, сэ жысIэнур мыращ: сэ алыхьым сыкъызэригъэщIрэ слъэгъуакъым уэ нэхърэ нэхъ нэджэIуджэ.

МэзылIыр ину дыхьэшхри: «Къызощтэ ар пэжу. ЕтIуанэр жыIэ», - дзэлэшхащ.

- Сэ уэ нобэ сызэрыпхуэзэнур сщIауэ щытамэ, алыхьым и цIэкIэ соIуэ, игъащIэкIэ пхъэ сымылъэгъуамэ, сыкъэмыкIуэнт.

МэзылIыр нэхъ иныжу дыхьэшхри, «иджы къыпхуэнэжар ещанэращ», - жиIащ.

- Ещанэу жысIэнур мыращ: сыбутIыпщыжтэмэ, сыкъызэмыплъэкIыу сыкIуэжынт.

МэзылIыр мащIэу дыхьэшхри, «псалъищри пэжщ, укIуэжыну ухуитщ», - щыжиIэм, лIыжь цIыкIур гуфIэри, гъуэмылэ илъу къэлътмакъ кIэрыщIати, иIэбэри, зы хьэлIамэрэ лы Iыхьэрэ иритащ.

МэзылIым хуабжьу игъэщIагъуэу мо и Iэпхъуамбэ кIыхьхэмкIэ къэIэбэри Iихащ. ХьэлIамэри лыри тIэу дзэкъэгъуэ фIэкIа имыщIу иригъэлъэтэхащ.

- Иджы пхъэ пшэнумэ, - жиIащ мэзылIым, - сыбдэIэпыкъунщ, си зэранкIэ узгъэгуващ.

Мо абрагъуэм къару иIэнтэкъэ! ЛIыжь цIыкIур зыхуейм хуэдэ пхъэ напIэзыпIэм къыхузэхуихьэсащ. Пхъэр къыхурилъхьэщ, къыхузэтрикъузэжри, къригъэжьэжащ.

МэзылIым хуабжьу IэфI Iурыхъуат лIыжь цIыкIум кърита гъуэмылэр.

- Уэ пшэну пхъэм и гъэхьэзырыныр си Iуэхущ, дапщэрэ мэз укъакIуэми мис мыбдежым къыIухьэ, - къыжриIащ мэзылIым, - ауэ гъуэмылэ тIэкIу къысхуэхь.

ЛIыжь цIыкIури абы щыгуфIыкIащ. И ныбжьымрэ пхъэ къыщIэлъэфынымрэ зикI зэзэгъыжтэкъыми, бэлыхьыр телът.

ЛIыжь цIыкIум пхъу фIэкIа къуэ иIэтэкъым, дэIэпыкъуэгъуншэти, хуабжьу гугъу ехьырт. МэзылIым цIыхугъэ зэрыхуэхъу лъандэрэ абы хуигъэхьэзырым езым ишэурэ пхъэ санжэ зыбжанэ игъэтIылъат. ЛIыжь цIыкIуми хьэлIамэрэ лырэ игъуэтынтэкъэ, мэзылIыр игъатхъэрт. Махуэ къэс къыпэплъэу щыст, и Iэр и жьэпкъыпэм щIэгъэкъуауэ.

Зэгуэрым фо махъсымэ хьэлэмэт хуихьат. Мо игъащIэм фадэ зыIумыхуа мэзылIыр зы пхъэ шынакъ из махъсымэ иригъафэри, чэфыжьыр къритауэ кIийуэ, къафэу мэзым щIэтт. ЛIыжь цIыкIури тIэкIу къэгузэвэжауэ еплъырт, зыгуэр ирищIэмэ, е къэгубжьрэ сичатхъэми схуэфащэкъэ, жиIэу, ауэ мэзылIыр быдэу къафэщ, джэгущ, и тIысыпIэм кIуэжри, и пырхъ макъым жыг щхьэкIэхэр дэщэнауэу жеижащ.

А лIыжь цIыкIум псэуху зы пхъэ къиIэту гум ирилъхьакъым: мэзылIым пхъэр къыхухилъэфырт, къыхурилъхьэрт, къакъузыжырти, езым къишэрти къэкIуэжырт. ЛIыжьым и ныбжьэгъухэми, нэхъыщIэхэми зэрыжаIэнур ямыщIэу ягъэщIагъуэрт: «Махуэ къэскIэ пхъэ гъур зэгуэуда къешэ, зи щIалэгъуэхэр махуэл ямыщIу мэз кIуэфыркъым, мыр сыт гъэщIэгъуэн», - жаIэрти. Къуэ иIами, абы нэхъыбэ къыхуищIэнтэкъым, а мэзылIыр зыуэ хьэлэлу а лIыжьым къыхуэлажьэрти.

Зытхыжар АЛО ЛутIэщ.
Поделиться: