Егъэджэныгъэм и япэ лъэбакъуэхэрНалшык къалэм и тхыдэм и напэкIуэцIхэм къызэраIуэтэжымкIэ, 1859 гъэм Налшык къыщызэIуахауэ щытащ япэ школхэр. Абы лъабжьэ хуэхъуат «Бгырыс еджапIэхэм я устав» дэфтэрыр. Апхуэдэ гулъытэ щIэныгъэм ирата нэужь, еджэным гу хуэзыщIа щIалэгъуалэм и бжыгъэр нэхъыбэ хъуащ. А дэфтэрым ипкъ иткIэ, къалащхьэм къыщызэIуахауэ щытащ классищ къыщыбух хъуну еджапIэ. Абы сабийхэр щыхурагъаджэрт, псом япэрауэ, дин Iуэхум, адэкIэ урысыбзэм, есэпым, географием, гулъытэ хуащIырт сурэт щIынымрэ дахэу тхэнымрэ. ЕджапIэм хэт пансионым щыIэхэр унагъуэ къулейхэм, лъэпкъ цIэрыIуэхэм къахэкIа щIэблэт. Зи гугъу тщIы еджапIэм япэ дыдэу щеджахэм я бжыгъэр тхущIрэ тIурэ хъурт. Абыхэм я нэхъыбэр урыст. Адыгэу яхэтыр цIыху пщыкIуийт, балъкъэрхэр тху хъууэ арат. Ахэр ирагъаджэрт Къармэ Исхьэкърэ Джабоев Ахьиярэ.
Поделиться:
Читать также:
13.05.2024 - 12:04 →
Кавказым бэнэныгъэр къызэрыщежьар
26.04.2024 - 17:06 →
Тызылыкъуэр пэщIэдзэт
22.04.2024 - 16:16 →
Зы мащэм цIыху 233-рэ
22.04.2024 - 14:55 →
АдыгэлIым и цIэмрэ и картэмрэ
19.04.2024 - 16:34 →
Нартхэм я ныбжьыр
|