Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэУрысей Федерацэм визэкIэ къакIуэ хамэ къэрал лэжьакIуэхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къигъэсэбэпыну зыхуейхэр зыубзыху Правительствэ комиссэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр яхэлъхьэным и IуэхукIэ 2023 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м Налшык къалэ №142-ПП Урысей Федерацэм визэкIэ къакIуэ хамэ къэрал лэжьакIуэхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къигъэсэбэпыну зыхуейхэр зыубзыху Правительствэ комиссэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2015 гъэм накъыгъэм и 25-м къыдигъэкIа унафэ №104-ПП-кIэ къищтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: а) Правительствэ комиссэм мы къэкIуэнухэр хэгъэхьэн: Акаевэ С.В. - Федеральнэ налог IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету) Зэгъэщтокъуэ М.А.- Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм Iэпхъуэшэпхъуэным пыщIа IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщIыр (Правительствэ комиссэм и унафэщIым и къуэдзэщ) (зэрызэгурыIуам тету) Тогузаев Т.М - ЛэжьыгъэмкIэ къэрал инспекцэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмкIэ и къэрал инспектор нэхъыщхьэр (зэрызэгурыIуам тету); б) Правительствэ комиссэм хэгъэкIын Бахъуэ А.Хь, Будаев Р.И., Мэремкъул А.Н. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал, кIэзонэ, бюджет, автоном IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэхэр IэнатIэхэм трагуашэурэ зэрызэтраухуэ щIыкIэм теухуа Положенэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ 2023 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м Налшык къалэ №143-ПП Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI: Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал, кIэзонэ, бюджет, автоном IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэхэр IэнатIэхэм трагуашэурэ зэрызэтраухуэ щIыкIэм теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал, кIэзонэ, бюджет, автоном IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэхэр IэнатIэхэм зэрытрагуашэ щIыкIэхэм хуэкIуэным и IуэхукIэ» 2008 гъэм шыщхьэуIум и 19-м къыдигъэкIа унафэ №196-ПП-мкIэ къищтам и 15-нэ пунктым и ещанэ абзацым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, етIуанэ псалъэухар хэгъэкIауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкуу е зэхэмыгъэщхьэхукIа мылъкуу щыт щIы Iыхьэхэм щIат бэджэндыпщIэр зыхуэдизыр зыубзыху хабзэхэмрэ апхуэдэу бэджэндыпщIэр зэрагъэув щIыкIэм, щат пIалъэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр яхэлъхьэнымрэ я IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ 2023 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м Налшык къалэ №144-ПП Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI: Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкуу е зэхэмыгъэщхьэхукIа мылъкуу щыт щIы Iыхьэхэм щIат бэджэндыпщIэр зыхуэдизыр зыубзыху Хабзэхэу, апхуэдэу бэджэндыпщIэр зэрат щIыкIэу, щат пIалъэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2015 гъэм накъыгъэм и 18-м къыдигъэкIа унафэ №90-ПП-мкIэ къищтам зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, 7-нэ пунктым и ебланэ абзацыр мыпхуэдэу тхауэ: «кIэрыхубжьэрыху быдэхэр ягъэкIуэщIын (щIатIэн) папщIэ къагъэсэбэп (Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкуу е зэхэмыгъэщхьэхукIа мылъкуу щыт щIы Iыхьэхэм зы илъэсым бэджэндыпщIэу щIы Iыхьэхэм я кадастр уасэм и проценти 2-м хуэдизу щыгъэува концессие зэгурыIуэныгъэм къыщыгъэлъэгъуа лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIын папщIэ щIы Iыхьэхэр щыхухаххэр хэмыту) щIыпIэхэр». Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.
ЩIыналъэ къэрал псэупIэ кIэлъыплъыныгъэм (я нэIэ тегъэтыным теухуа Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ 2023 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м Налшык къалэ №145-ПП-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI: 1. ЩIыналъэ къэрал псэупIэ кIэлъыплъыныгъэм (я нэIэ тегъэтыным) теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2022 гъэм гъатхэпэм и 3-м къыдигъэкIа Унафэ №38-ПП-мкIэ къищтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр яхэлъхьэн: 1) 5-нэ пунктым: а) «къит энергетикэ фейдэр» псалъэхэм я ужькIэ япэ абзацым щIыгъужын «Урысей Федерацэм газкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и законодательствэм тету»; б) ебланэ абзацым «IуэхущIапIэхэм» псалъэр «IуэхущIапIэ хэхахэр» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын»; в) ебланэ абзацым къыкIэлъыгъэкIуэн мыпхуэдэ абзацыр: «Iугъуэ къызэрыкI, жьы зэрыщIрагъэху бжьамийхэм я щытыкIэмрэ зэрылажьэ щIыкIэмрэ къэпщытэным, апхуэдэу ахэр гъэкъэбзэным икIи ремонт щIыным теухуа лэжьыгъэр езыгъэкIуэкI IуэхущIапIэхэр;» 2) Ебгъуанэ абзацым и 7-нэ пунктым кIэлъыгъэкIуэн мыпхуэдэ абзацыр: «Унэ кIуэцI е фэтэр кIуэцI газ Iэмэпсымэр шынагъуэншэу къэгъэсэбэпынымкIэ икIи техникэ кIэлъыплъыныгъэм щIэгъэтынымкIэ къигъэувхэм, апхуэдэу фэтэр куэду зэхэт унэм я зэхуэдэ мылъкуу щыт жьы зэрыщIрагъэху, Iугъуэ зэрыкI бжьамийхэр зехьэным теухуауэ къигъэувхэм;»; 3) 44-нэ пунктым «апхуэдэу Урысей Федерацэм и ПсэупIэ кодексым къыщыгъэлъэгъуа нэгъуэщI Iуэхухэм» псалъэхэр хэгъэкIын; 4) Зи гугъу тщIы Положенэм и япэ абзацым «энергием къит фейдэм хэгъэхъуэным теухуауэ» псалъэхэм дыщIыгъужын «Урысей Федерацэм газкIэ къыщызэгъэпэщынымкIэ и законодательствэм тету» псалъэхэр. 2. Мы унафэм къару егъуэт 2023 гъэм фокIадэм и 1-м щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэмрэ щIыналъэмрэ щIыуэпс, техноген къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм ящыхъумэныр, мафIэсхэмрэ псыхэмрэ цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къыщызыгъэпэщыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ 2023 гъэм шыщхьэуIум и 7-м Налшык къалэ №157-ПП Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэмрэ щIыналъэмрэ щIыуэпс, техноген къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм ящыхъумэныр, мафIэсхэмрэ псыхэмрэ цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м къыдигъэкIа унафэ №229-ПП-мкIэ къищтам халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм арэзы техъуэн. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А.
Поделиться:
Читать также:
03.05.2024 - 13:00 →
ЗэгурыIуэнукъым
27.04.2024 - 15:09 →
«Репатриант»-кIэ узэджэ хъунур хэт?
27.04.2024 - 09:58 →
Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
15.04.2024 - 14:48 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
|