«Спартак-Налшыкыр» къыдэщIхэм трагъэгушхуэ

Урысей Федерацэм фут­болымкIэ и етIуанэ лигэм и Япэ гупым и «Б» зонэм щы­Iэну зэхьэзэхуэм нобэ щIе­дзэ. Сыхьэт 16-рэ дакъикъэ 30-м Налшык и «Спартак» стадионым ди щIалэхэм къыщрагъэблэгъэнущ Владикавказ и «Алания-2» командэр.
Зэхьэзэхуэм и пэ къихуэу, вэсэмахуэ, «Спартак-Нал­шы­­кыр» зэрыщыту IущIащ къыдэщIхэм. Абыхэм я зэп­сэлъэныгъэр куп­щIа­фIэт икIи хэкIы­пIэфIхэр къы­­­зэ­ралъыхъуэт. Уп­щIэ­хэри жэ­уапхэри и щыхьэтт зым адрейм    пщIэ зэрыхуищIым икIи куэдкIэ лъэны­къуэхэр зэрызэ­щыгугъым. КIыхьу  екIуэкIа псалъэмакъым нэхъ хьэ­лэ­мэ­ту  къы­щыт­щы­хъуа­хэм­ фы­щы­до­гъэ­гъуа­зэ:
- Фызыхыхьэ зэпеуэм сыт хуэдэ мурадхэр щывиIэ? Дыщыгугъ хъуну ерыщу фебгъэрыкIуэну, фи джэгукIэ дахэмкIэ дэрэжэгъуэ къы­дэфтыну?
- Ди джэгукIэр щIэх-щIэ­хыурэ до­хъуэж икIи абы Iэмал къыдет хьэрхуэрэгъухэр дгъэбэлэрыгъыну, ехъу­лIэ­ны­гъэхэр зыIэрыдгъэхьэну. Къапщтэмэ, блэкIа зэхьэзэхуэм топ куэд щыдэдгъэкIыну тху­зэфIэкIащ. Дяпэ­кIэ дызыхущIэкъун хуейр нэхъ мащIэ къызэрытхудагъэкIынращ. Абы долэжь. Ди мурадщ адэкIи ди къару псори джэгупIэ губгъуэм къиднэну.
- МылъкукIэ фи Iуэхухэр дауэ щыт?
- Дэтхэнэ  зыри  хуейщ мылъку нэхъыбэ къратыну. Дэ абы и Iуэху зыдохуэ. УлахуэкIэ щIыхуэ ттелъкъым, ар псом ящхьэщ.
- ЩIэзыдзэ зэхьэзэхуэм къалэн пыухыкIахэр щыф­хуа­гъэува?
- Дызыхэт гупым дыщытекIуэну дыхущIэкъунущ. 
- Урысей Федерацэм футболымкIэ и кубокым ехьэлIа зэхьэзэхуэм щы­щIэвдзэнур дапщэщ?
- ЗэкIэ зэхэкIакъым абы теу­хуа зэхьэзэхуэм дэ дыщы­хьэнур дапщэщми. ЗэрыжаIэмкIэ, шыщхьэуIу (август) мазэм зэпеуэр зэхаублэнущ.
- ХъутIэ Анзоррэ Дэхъу Ис­лъам­рэ «Спартак-Налшы­кым» зэрыхэкIыжам теу­хуауэ сыт къыджефIэфын?
- Щхьэусыгъуэр гурыIуэ­гъуэщ, я Iуэхур нэхъ щыдэкIын абыхэм къалъыхъуэ. Дыщыгугъынщ, ахэр зэрытхэкIыжар гупым и джэгукIэм зэран хуэмыхъуну. НэгъуэщI­хэр къэтщтэнщ, дгъэ­сэнщ. Псалъэм папщIэ, щIалиплI зыхэдгъэхьакIэщ. Ахэр Къры­мым ­къикIыжа гъуащхьэтет Къумыкъу Аслъэнбий, топ­джэгухэу Блий Елдар, Гуэгузокъуэ Андемыр, Березов Давид сымэщ. 
Псалъэмакъым и кIэухым «Спартак-Налшыкымрэ» абы къыдэщIхэмрэ зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ икIи къызэ­рыгъэгугъащ футболистхэм  я къару псори джэгупIэ губ­гъуэм къыщагъэнэну, къы­дэщIхэм зэралъэкIкIэ гупыр трагъэгушхуэну.
Хьэтау Ислъам.

Поделиться: