Дахэнагъуэ

Адыгэхэм яIэтащ а пщащэр и дахагъэрэ лIыгъэкIэ. Ауэ ар литературэкIэти, композитор цIэрыIуэ Даур Аслъэн зы зэман «къигъэщIауэ» щытащ а цIэр иIэу бзылъхугъэ ансамбль екIу. Сытыт Аслъэн абы тезыгъэгушхуар?
Зыхуэзгъэувыжа упщIэм и жэуапыр нэсу иджыблагъэ къыщызгъуэтащ Даур Аслъэн журналистым иритауэ щыта зы интервьюм. Абы композиторым щыжиIат: «Дахэнагъуэ теухуауэ щыIэ хъыбархэр, шэч хэмылъу, телъыджэщ, абыхэми гупсысэ пыухыкIа гуэрхэм сыхуашащ. АрщхьэкIэ «Дахэнагъуэр» къызэзгъэпэщыным щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъуар нэгъуэщIт. Бзылъхугъэ ансамблыр утыку къишэныр сэ си щхьэзыфIэфIагъым къыхэкIакъым. Iуэхур зытетыр мыращ: Дэ, адыгэхэм, ди тхыдэтххэри тщIыгъуу, яхуэмыфащэу бзылъхугъэхэр «къыдэдмыгъэплъу» дыкъекIуэкIащ, уэрэду диIэу хъуар джэгуакIуэхэм яйуэ жытIэу, абы щыгъуэм и нэхъыбэр зи IэдакъэщIэкIыр цIыхубзхэрауэ икIи Iэзэу езыхэми ижь-ижьыж лъандэрэ ахэр ягъэзащIэу къэгъуэгурыкIуэ пэтрэ. Иджы и зэманщ ахэр утыку къитшэжыну». 
Даур Аслъэн и фIэщ хъурт лъэпкъ къэс я бзэрэ фащэрэ зэрызэрахьэжым хуэдэу, езым я уэрэд жыIэкIи зэраIэжыр. Абы къилъытэрт ар цIыхум къыдалъхун хуейуэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ талантыр уимыIэмэ, зысэбэп къыпхуэхъуфынукъым. Композиторыр апхуэдэуи тегузэвыхьырт макъитI-щы щызэхэухуэна уэрэд жыIэкIэр адыгэм фIэкIуэд зэрыхъуам. Къэбгъэлъагъуэмэ, езым апхуэдэ уэрэду итхауэ иIэр мащIэтэкъым. УэрэджыIакIуэ бзылъхугъэхэр Аслъэн ткIийуэ къыхихырт. Абы и ансамблым ухигъэхьэн папщIэ уэрэдыр дахэу ягъэзэщIэныр мащIэт. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми зы макъамэ Iэмэпсымэ игъэIэкIуэлъакIуэфу щытын хуейт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ зэхиша «Даханагъуэ» гупым хэт бзылъхугъэу 8-м щыщу 6-р пшынэ еуэрт, балалайкэр, къамылыр, бэрэбанэр, пхъэцIычыр зи Iэпэгъухэри яхэтт. Ар 1992 гъэрт. 
Япэ лъэбакъуэхэр гупым щичащ Пионерхэм я уардэунэм, иужькIэ Сабий творчествэмкIэ республикэ унэ хъуам. ИлъэситIкIэ ансамблым и нэIэ къытригъэтащ а IуэхущIапIэм и Безрокъуэ Еленэ. Нэхъ зэман гугъухэм апхуэдэу къазэрыдэIэпыкъуам къыхэкIкIэ, Даурым а цIыхубзым фIыщIэ хуищIырт. Нэхъ иужькIэ «Дахэнагъуэм» зыщигъасэу щытащ КъБР-м и телерадио компанием гупым хухиха студием. 
Аслъэн уэрэджыIакIуэ гупым хигъэхьа Тхьэгъэлэдж Светланэ, Мэстафэ Эммэ, Абыдэ Людэ, КIэрэф Иннэ, Мэсей Линдэ, Хьэвэящхьэ Женэ, Црым Эллэ, ЛIымахуэ Залинэ сымэ зэман кIэщIым цIыхум ягу дыхьауэ щытащ. Бзылъхугъэхэм ягу къызэрагъэкIыжымкIэ, абыхэм заригъэужьын папщIэ, Аслъэн лъэкI къигъанэртэкъым, уеблэмэ еджапIэ нэхъыщхьэ щIэсми ярейуэ, Бах и IэдакъэщIэкIхэми, нэгъуэщI классикэ макъамэхэми езыр яхуеуэрт, Агънокъуэ Лашэ, ЩоджэнцIыкIу Алий сымэ я усэхэм къахуеджэрт. Нэхъыщхьэрати, уэрэджыIакIуэ бзылъхугъэхэм я хьэл-щэнми ар кIэлъыплъырт, хабзэми, щэнхабзэми, нэгъуэщI куэдми хигъэгъуазэрт.
«Дахэнагъуэ» щыIэу «Джэримэс» къэмыунэхуу хъуну къыщIэкIынтэкъым. ЦIыхухъу защIэу, КъБР-м и къэрал телерадиокомпанием и хорым хэтхэмрэ Музыкэ театрым и артистхэу Уэтэр МуIэед, Пщыгъуэш Юрэ, Сибэч Хьэчим, Шыгуанэ Суфьян, Согуэ Данил (композитор-мелодист), Урыс 1эмырбий сымэт гупым абы хигъэхьар. Я япэ концертыр 1997 гъэм гъатхэпэм и 9-м ятауэ щытащ. «Джэримэс» ансамблым папщIэ Даур Аслъэн адыгэ уэрэдыжьу 300-м щIигъу зэхуихьэсат, цIыхухъу гупым я вагъуэр къаблэмэ, композиторым игу илът «Дахэнагъуэмрэ» абырэ зэхигъэхьэжыну.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: