Хама къалэм и бэзэрыр мывэ сэрейкIэ къэщIыхьащ. Абы зы мывэ пхъэбгъу хэлъащ. Мывэ пхъэбгъум и щIыфэм тхыпхъэщIыпхъэ хьэлэмэтхэр телъти, арагъэнт ар хьэрыпхэм тхьэм и пащхьэм къикIауэ къыщIалъытэр. Зыми ищIэртэкъым ар къыздикIари тхыпхъэщIыпхъэ тезыдзари; хами трагъаплъэртэкъым, езы хьэрыпхэм фIэкIа.
Европэм къикIа зыплъыхьакIуэ гуэрым, Иоганн Людвиг БуркхардкIэ зэджэм, XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Сирием кIуауэ, гу лъитащ мывэ пхъэбгъум. Буркхард, дауи, и пщIыхьэпIи къыхэхуакъым Хама бэзэрым зыщрихьэлIа мывэ пхъэбгъур пасэрей къэралыгъуэм зэрикъутахуэр. Буркхард и ужькIэ илъэс Iэджэ дэкIауэщ Хама мывэ пхъэбгъур щIэныгъэлIхэм щапэщIэхуар. ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм икухэм деж мывэ пхъэбгъум и гипс копие Британ музейм къыщIэхутащ.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ «дунейм къытехьэжащ» Хетт къэралыгъуэр.
Хетт къэралыгъуэр дунейм зэрытетар зэращыгъупщэжрэ илъэсищэ Iэджэ блэкIат. Зыми игу къэкIыххэртэкъым апхуэдэ къэралыгъуэ щыIауэ. Ауэ ар пасэрей КъуэкIыпIэм щынэхъ лъэщ дыдэ къэралхэм ящыщ зыуэ щытащ зэгуэр.
Хетт къэралыр илъэс миниплI ипэкIэ зэфIэуващ, щызэфIэувар Азэжьейм (иджырей Тыркум) и гупсэрщ, илъэс щитху нэблагъэкIэ псэуащ. Къэралыгъуэм и къалащхьэр, ХьэтушашкIэ зэджэу щытар, иджырей тырку къуажэ Богъазкъуей деж щысащ (Анкъэрэ и къуэкIыпIэмкIэ, километр щитI хуэдизкIэ пэжыжьэу). Хеттхэм я къэралым жыжьэ зиубгъурт, къэблэмкIэ Сирием нэсырт, ищхъэрэкIэ тенджыз ФIыцIэм еуалIэрт. Хетт пащтыхьхэм я гъунэгъу къэралхэм иращIылIэу щыта зауэхэр щыхьэт тохъуэ абыхэм къаруушхуэ зэрабгъэдэлъам. Ди эрэм и пэкIэ 1600 гъэм хетт пащтыхь МуршылI Езанэм Вавилоныр иубыдыгъащ. Пасэрей Мысырым и фирхьэун нэхъ лъэщ дыдэ Рамзес ЕтIуанэр, хеттхэм зауэ къарищIылIэри къапэмылъэщауэ, икIуэтыжыгъащ. Рамзес хеттхэм закърипщытыжакъым абы и ужькIэ.
Апхуэдэ къару ябгъэдэлъащ хеттхэм, абыхэм я хэкур хым къызэпрыкIа лъэпкъ хъыжьэ гуэрым иубыдыху. Хым къызэпрыкIа лъэпкъым иубыда нэужь, Хетт къэралым кIэ игъуэтащ, иужькIи зыкъиIэтыжакъым.
Хэт хъуну хеттхэр, дэнэ ахэр къыздикIар, я кIуэдыжыпIэ хъуари сыт?
ЩIэныгъэлIхэр Iэджэрэ елIэлIащ хеттхэр Азэжьейм къыщыхъуарэ нэгъуэщI щIыпIэ къикIарэ къахуэмыщIэу. Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэри хеттхэм я бзэм зыри зэрыщымыгъуазэрт.
ЕтIуанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм чех щIэныгъэлI Б. Грознэм, икIэм-икIэжым, къихутащ куэд щIауэ дунейм темытыж хеттыбзэр. КъызэрыщIэкIамкIэ, а бзэр индоевропей бзэхэм ящыщт. Хеттыбзэр иужькIэ зыджа щIэныгъэлIхэри акъылэгъу дэхъуащ Грознэм. Иджы зыми шэч къытрихьэжыркъым хеттыбзэр индоевропей бзэхэм зэраблагъэм. Абы къикIыр гурыIуэгъуэщ: хеттыбзэр индоевро-пей бзэхэм щаблагъэкIэ, абы ирипсалъэу щытахэр, Хетт къэралыгъуэр зыухуахэр, Азэжьейм къыщыхъуакъым, атIэ нэгъуэщI щIыпIэ къикIащ.
Ар пэжщ. Хеттхэр нэгъуэщI щIыпIэ къикIри (къыздикIар зыми ищIэркъым), Азэжьейм къэралыгъуэ щаухуащ. Абы шэч къытрихьэркъым иджырей щIэныгъэм.
НэгъуэщI щIыпIэ къикIа хеттхэр Азэжьейм къыщихьам щыгъуэ абы зыри имысауэ пIэрэ, хьэмэрэ хеттхэр абы кIуэн и пэ ар нэгъуэщI лъэпкъ гуэрым и псэупIэу щыта?
Нэмыцэ щIэныгъэлI Г. Винклер 1906 гъэм Богъазкъуей къуажэм и Iэгъуэблагъэр, хеттхэм я къалащхьэр здиса щIыпIэр, къитIэщIыжащ. А къуажэм деж къыщагъуэтащ хетт пащтыхьхэм я тхылъхэр, пасэрей бзэжь зыбжанэкIэ тхауэ. Абыхэм зы бзэ гуэр къахэкIащ, иужьым къызэрахутамкIэ, хеттхэм я пэ Азэжьейм (Азие цIыкIум) иса лъэпкъ ирипсалъэу щытауэ. ЩIэныгъэлIхэр а бзэм йоджэ протохеттыбзэкIэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, хеттхэм я пэ псэуа лъэпкъым и бзэкIэ. Хеттхэм я пэ Азэжьейм исар хьэткIэ зэджэ лъэпкъырт. Хьэтхэм я бзэм щIэныгъэлIхэр нобэ протохеттыбзэкIи хьэтыбзэкIи йоджэ.
Хьэтыбзэм ирипсалъэ лъэпкъыр Азэжьейм исащ абы хеттхэр кIуэн ипэкIэ. КъызэралъытэмкIэ, хьэтхэм я лъэпкъыцIэр нэгъуэщI щIыпIэ къикIыу Хетт къэралыгъуэр зыухуахэм зыфIащыжауэ щытащ. Хьэтхэм я бзэр къэхута хъуакъым иджыри къэс. Ауэ шэч хэлъкъым: ар индоевропей бзэхэми семитыбзэхэми хыхьэркъым.
Сыт хьэтыбзэм и щэхур иджыри къэс къащIыхуэмыщIэр? Ар нэхъыбэу къызыхэкIыр хьэтыбзэкIэ тхауэ къэнар зэрымащIэрщ, а мащIэри пычахуэщ (хетт тхыгъэхэм хэзэрыхьауэ). А бзэм ирипсалъэу щыта хьэтхэм я лъэужьыр кIуэдащ абыхэм я хэкум хеттхэр, индоевропей лъэпкъхэр къизэрыхьа нэужь. Хеттхэр езыхэр зэрызэджэжу щытар неситщ.
ЩIэныгъэлIхэм къахутащ хьэтхэм яжь хеттхэм (неситхэм) зэращIихуар. Абы щыхьэт тохъуэ мы зы щапхъэри: хеттхэм (неситхэм) культурэ, дин псалъэхэу къагъэсэбэпу щыта псори хьэтхэм я бзэм къыхахащ. Аркъудейкъым. Хеттхэм (неситхэм) цIэуэ зыфIащу щытар хьэтыцIэщ.
КIэщIу жыпIэмэ, хьэтыбзэм и щэхур къэпхутэн папщIэ, Iэмал гъуэзэджэхэр щыIэщ. Иджыри зэ гу лъывыдогъатэ: хетткIэ зэджэр нэгъуэщI щIыпIэ къикIа (Азэжьейм изэрыгуа) индоевропей лъэпкъщ, ахэр езыхэр зэрызэджэжу щытар неситщ; хьэтхэр абыхэм я пэкIэ зи гугъу тщIы хэкум иса лъэпкъщ.
ИщхьэкIэ зэрыщыжытIащи, хьэтыбзэр индоевропей бзэхэми семытыбзэхэми екIуалIэркъым. Хьэтыбзэр зыджахэм къахутащ абы дежкIэ эргативнэ псалъэуха ухуэкIэр зэрыхабзэр, хьэт глагол псалъэхэр зэрыпрефиксыбэр, а префиксхэм сыт щыгъуи увыпIэ белджылы псалъэм зэрыщаIэр. Абы къыхэкIкIэ щIэныгъэлIхэм хуагъэфэщащ а хабзэхэр щызекIуэ кавказыбзэхэм хьэтыбзэр я благъэу щытынкIэ зэрыхъунур. Пасэрей Азэжьейм иса лъэпкъхэм я бзэхэр зыдж щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэр акъылэгъущ абыкIэ. А бзэхэр нэхъ куу дыдэу зыджахэм ящыщ зым, болгар щIэныгъэлI В. Георгиевым, шэч лъэпкъ къытримыхьэжу, хьэтыбзэр хебжэ кавказыбзэхэм. (Еплъ ж. «Вопросы языкознания», 1954, №4, 71-нэ нап.) Абы зэритхымкIэ, хьэтыбзэмрэ кавказыбзэхэмрэ зэмыбла-гъэу жыпIэн папщIэ, щхьэусыгъуэ бгъуэтынукъым. Ар дэнэ къэна, щхьэусыгъуэ псори щыхьэт тохъуэ а бзэхэр зэрызэIыхьлым, зы лъабжьэ зэраIэм, абыхэм зылъ зэращIэтым.
Мыбдежым гу лъытэн хуейщ: хьэтыбзэр джыным пылъа щIэныгъэлIхэр, къанэ щIагъуэ щымыIэу, акъылэгъу мэхъу кавказыбзэхэм щыщу хьэтыбзэм нэхъ благъэ дыдэу бгъэдыхьэр адыгэбзэр ару зэрыщытымкIэ.
Академик Арн. Чикобавэ етх: «Ямылейуэ зыри хэлъкъым пасэрей Азэжьейм щыIа хьэтыбзэмрэ иджырей адыгэбзэмрэ зэблагъэу къыщIэкIыным». (Еплъ: Ученые записки Адыгейского научно-исследовательского института языка, литературы и истории. Мейкъуапэ, 1963, т. 2, 24-нэ нап.) В. Георгиевым 1954 гъэм итхащ: «Хьэтыбзэр, шэч лъэпкъ хэмылъу, кавказыбзэхэм я Iыхьлыщ. Хьэтыбзэм и хабзэ нэхъыщхьэм - префиксацэм - узыщрихьэлIэр а бзэхэрщ. Хьэтыбзэм узыщрихьэлIэ уашхаб (тхьэ) псалъэр адыгэбзэм хэт уащхъуэ псалъэр ару зэрыщытыр нэрылъагъущ». (Еплъ: ж. «Вопросы языкознания», 1954, №4, 70-нэ нап.)
Профессор Г. А. Меликишвили, хьэтыбзэмрэ адыгэбзэмрэ зэрызэблагъэм щыхьэт техъуэу, етх: «ГъэщIэгъуэнкъэ мыр: хьэтыбзэмрэ иджырей адыгэбзэмрэ куэдкIэ зокIуалIэ, псалъэм папщIэ, «тхьэ» мыхьэнэ къызэрыкI псалъэр хьэтыбзэми адыгэбзэми я зэхуэдэщ (хьэтыбзэкIэ - уашхаб, адыгэбзэкIэ - уащхъуэ). (Еплъ: Г. А. Меликишвили, Наири-Урарту. Древневосточные материалы по истории народов Закавказья. Тб., 1954, 71-72-нэ нап.)
«О структурном сходстве хаттского языка с языками северо-западного Кавказа» статьям профессор И. М. Дунаевскэм щитхащ: «Структурэ и лъэныкъуэкIэ хьэтыбзэмрэ абхъаз-адыгэбзэмрэ зэбгъэпщэныр и чэзууэ икIи захуагъэу къэлъытэн хуейщ». (Еплъ: Исследования по истории культуры народов Востока. Сборник в честь академика И. А. Орбели. М.-Л., 1960, 75-нэ нап.).
Абы къыщымынэу, Дунаевскэм адэкIи къыпещэ: «ЗыхуэIуа щыIэкъым, хьэт тхыбзэхэм абхъаз-адыгэбзэхэр зыджхэм гулъытэ нэхъ хуащIмэ, а бзитIыр я структурэ и мызакъуэу, материальнэкIи зэблагъэу къыщIэкIыныр». (Ардыдэм, 77-нэ нап.).
А. Кондратовымрэ В. Шеворошкинымрэ мыпхуэдэу ятхащ: «Иужьрей илъэсхэм щIэныгъэлIхэм трагъэчыныхь КъухьэпIэ Кавказым ис лъэпкъхэм (адыгэхэм, абхъазхэм, абазэхэм) я бзэхэмрэ хьэтыбзэмрэ зэблагъэу зэрыщытым. ЩIэныгъэлI зыбжанэм ялъытэ пасэрей адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ я лъэпкъэгъу Азэжьейм исауэ». (Еплъ: ж. «Знание - сила», 1964, №3, 24-нэ нап.).
Хьэтыбзэмрэ адыгэбзэмрэ зэблагъэнкIэ хъуну зэрыщытым гу зэрылъатэрэ зыбжанэ щIащ. Япэ дыдэ абы гу лъызытар нэмыцэ щIэныгъэлI Эмиль Форрерщ. Ар къэхутэным елIэлIащ Ю. Мессароши (абы 1934 гъэм убыхыбзэм теухуа тхылъышхуэ къыдигъэкIащ; убыхыбзэмрэ адыгэбзэмрэ зэблагъэ дыдэщ, убыххэр Тыркум Iэпхъуэри, адыгэхэм яхэшыпсыхьыжащ).
ИщхьэкIэ зэрыщыжытIащи, хьэтхэм я лъэужьыр тхыдэм хокIуэдэж, абыхэм я хэкур индоевропей лъэпкъхэм - хеттхэм (неситхэм) - яубыда нэужь. Дэнэ кIуэнкIэ хъуну щыта ахэр, я хэкур хеттхэм яубыда нэужь?
Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, хьэтхэм ящыщ куэд я хэкур зыубыда хеттхэм яхэшыпсыхьыжащ. Ауэ ар псоми къащыщIакъым.
Индоевропей зэрыпхъуакIуэхэм хьэтхэм я хэкур яубыда нэужь, Азэжьейм и ищхъэрэ щIыналъэхэм, тенджыз ФIыцIэм и благъэу, лъэпкъ лъэщ гуэрым, кашкэкIэ зэджэу щытам, и цIэ къыщыIуащ. Кашкэхэр Хетт (несит) къэралыгъуэм хыхьэу щытакъым; ахэр Галис (иджы Къызыл-Ирмакъ) псым и тенджыз хэхуэжыпIэм тесащ, тенджыз Iуфэр яIыгъыу.
Кашкэхэм Азэжьейм и тхыдэм увыпIэшхуэ щаубыд; хетт пащтыхьхэм абыхэм зауэ иращIылIэрейуэ щытащ, ахэр я лъэгу щIагъэувэн щхьэкIэ, ауэ ар хеттхэм зэи къехъулIакъым. КъехъулIэн дэнэ къэна, езы кашкэхэр Хетт къэралыгъуэм дежкIэ сытым щыгъуи шынагъуэу щытащ. Ахэр хеттхэм ятеуэрт, я къалащхьэ Хьэтушаш щаубыди къэхъуу. Абыи къыщынэркъым: кашкэхэрауэ ялъытэ Хетт къэралыгъуэр зэтезыкъутэжар.
ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, кашкэхэр хеттхэм (неситхэм) хэкум кърахуа хьэтхэращ.
«Кашкэхэмрэ Азэжьейр зыIыгъа хьэтхэмрэ лъыкIэ зэблагъэщ», - етх Г. Г. Гиоргадзе. (Еплъ: Г. Г. Гиоргадзе. Из истории племён, проживавших к северу и северо-востоку от Хеттского государства (кашки). Автореферат. 1956, 3-нэ нап.)
Нэхъ белджылыуэ ардыдэр жеIэ профессор Г. А. Меликишвили: «ЩIыпIэцIэхэр щыхьэт тохъуэ кашкэхэр хьэтыбзэкIэ псалъэу зэрыщытам».
Абы къикIыр зыщ: хьэтхэмрэ кашкэхэмрэ щызэблагъэкIэ, дауи, кашкэхэр адыгэхэм я благъэщ. Абы шэч къытрахьэркъым щIэныгъэлIхэм. Профессор Меликишвили етх: «Кашкэхэм я лъэпкъыцIэмрэ адыгэхэм я лъэпкъыцIэмрэ куэд щIауэ зэрагъапщэ: пасэрей грузинхэр адыгэхэм кашагкIэ еджэу щытащ, пасэрей урысхэр - касогкIэ; хьэрып тхакIуэхэм, псалъэм папщIэ, Масуди, адыгэхэм щхьэкIэ кашак жаIэу щытащ. (Еплъ: ж. «Вестник древней истории», 1962, №1, 64-нэ нап.)
Абы щIыгъужын хуейщ: адыгэхэм, псалъэм папщIэ, къэбэрдейхэм, лъэпкъ зыбжанэ (осетинхэр, сонэхэр) иджыри къэс а пасэрей цIэмкIэ (кашкэ) къоджэ.
Дигу къэдгъэкIыжыпхъэщ: курыт лIэщIыгъуэхэм грекхэмрэ римлянхэмрэ адыгэ лъэпкъ гуэрым апшилкIэ къеджэу щытащ.
Г. А. Меликишвили а псалъэр ирегъапщэ пасэрей ассирий, хетт документхэм узыщрихьэлIэ абешлэ цIэм; а цIэр «кашкэм» и синонимщ е, нэгъуэщIу жыпIэмэ, «кашкэми» «абешлэми» къарыкIыр зыщ - а тIури адыгэхэм я благъэ пасэрей хьэт лъэпкъыжьым и цIэщ. Ар тегъэщIапIэ ищIурэ, профессор Меликишвили мыпхуэдэу итхащ: «Ар щыхьэт тохъуэ кашкэхэр Кавказ Ищхъэрэм щыщ лъэпкъхэм зэраблагъэм икIи, шэч хэмылъу, кашкэхэм Кавказ Ищхъэрэ хэкIыпIэ яIэу къыщIэкIынущ. Кашкэхэр хьэтхэм я благъэу зэрабжым къикIыр а кашкэхэр кавказ лъэпкъхэм зэраблагъэрщ. А благъагъэр аргуэру зэ щыхьэт тохъуэ а лъэпкъхэр (зи гугъу ищIыр адыгэхэмрэ абхъазхэмрэщ. - Къ. Хь.) Азэжьейм пасэ дыдэу иса хьэтхэм я благъэу зэрыщытым». (Еплъ: Г. А. Меликишвили. Наири-Урарту, 77-нэ нап.)
Азэжьейм (Азие цIыкIум) адыгэхэм я благъэ лъэпкъ зэрисам щыхьэт тохъуэ абы узыщрихьэлIэ щIыпIэцIэхэри. Г. А. Меликишвили зэритхымкIэ, а щIыпIэцIэхэм «хьэкъыу уи фIэщ ящI абыхэм адыгэхэм благъагъэ къахузиIэ лъэпкъ зэрисар». Азэжьейм ита пасэрей къалэжь гуэрым АрипсэкIэ йоджэ; Меликишвили зэритхымкIэ, а къалэм и цIэр адыгэ псалъэ «псым» къытекIащ (къалэр псы Iуфэм Iусащ).
АдыгэцIэ куэд къинащ КъухьэпIэ Грузиеми. И. Джавахишвили, С. Джанашиа, Г. Рогавэ сымэ, нэгъуэщIхэми зэратхымкIэ, ар щыхьэт тохъуэ КъухьэпIэ Грузием адыгэ лъэпкъ зэрисам. А щIыпIэр - КъухьэпIэ Грузиер - профессор Меликишвили къелъытэ адыгэхэр зэрысу щыта щIыналъэхэр - Азэжьеймрэ Ищхъэрэ Кавказымрэ - зэзыпхыу щытауэ. (Еплъ: ж. «Вестник древней истории», 1962, №1, 36-нэ нап.).
1960 гъэм Мейкъуапэ и Iэшэлъашэм мывэ пхъэбгъу гуэр къыщагъуэтыгъащ. Абыи, Хама бэзэр мывэ пхъэбгъум ещхьу, тхыпхъэщIыпхъэхэр хэщIыхьащ. А тхыпхъэщIыпхъэхэр джыным и ужь итащ Г. Ф. Турчаниновыр. Мейкъуапэ мывэм тет хьэрфхэр библскэ псевдоиероглифическэ тхыбзэкIэ зэджэм зэрыщыщыр нэрылъагъущ, ауэ гурыIуэгъуэтэкъым а хьэрфхэм сыт хуэдэбзэм щыщ псалъэ къаIуатэми. Зыбжанэрэ елIэлIа нэужь, Турчаниновым къихутащ Мейкъуапэ мывэ пхъэбгъум и ныбжьыр ди эрэм и пэкIэ ХII - ХIII лIэщIыгъуэхэм зэрынэсыр икIи абы тетхар зэрыабхъаз псалъэр (абхъазыбзэмрэ адыгэбзэмрэ зэблагъэ дыдэщ, тIури зэгуэрым зы бзэм къытепщIыкIащ).
Ди къэралым иджыри къэс къыщагъуэтакъым Мейкъуапэ мывэ пхъэбгъум тет тхыгъэм ныбжькIэ пэхъун тхыгъэ. Ауэ аракъым нэхъ гъэщIэгъуэныр. Нэхъ гъэщIэгъуэныр... ар хетт хьэрфкIэ зэрытхарщ. ГурыIуэгъуэу ди гугъэщ ар щыхьэт зытехъуэр.
1963 гъэм Шэшэн-Ингуш тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ профессор Ю. Д. Дешериевым и лэжьыгъэшхуэ гуэр. Лэжьыгъэм и цIэ къудейми куэд къыбжеIэ: «Сравнительно-историческая грамматика нахских языков и проблемы происхождения и исторического развития горских кавказских народов».
Нахыбзэхэм (шэшэныбзэмрэ ингушыбзэмрэ) я тхыдэр щIиплъыкIа нэужь, профессор Дешериевым и фIэщ хъуащ, япэрауэ, Кавказ бгырысыбзэхэр (дагъыстаныбзэхэр, шэшэн-ингушыбзэхэр, абхъаз-адыгэбзэхэр) зэрызэблагъэр, етIуанэрауэ, а бзэхэм ирипсалъэхэр пасэрей Азэжьейм иса лъэпкъхэм зэрагухьэр, ещанэрауэ, кавказ бгырыс лъэпкъхэмрэ пасэрей Азэжьейм иса лъэпкъхэмрэ зэхуаIэ благъагъэр нэхъ хэкъузауэ джын хуейуэ и чэзу зэрыхъуар, абы IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылажьэ щIэныгъэлI куэдым я къару ехьэлIэн зэрыхуейр.
Зэрытлъагъущи, зи гугъу тщIы Iуэхугъуэр джыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Академик Арн. Чикобавэ зэритхымкIэ, «а Iуэхугъуэр щIэныгъэлI куэдым къаIэт, къэрал куэдым щадж. Ар щыхьэт тохъуэ мы Iуэхугъуэр зи чэзууэ зэрыщытым».
Кавказ бгырыс лъэпкъхэм, псалъэм папщIэ, адыгэхэм, я пасэрей тхыдэм дызыщымыгъуазэ куэд хэлъщ, абы и гугъу щащIкIэ грек, рим тхакIуэхэм къызэранэкIа псалъэ пычахуэхэм фIэкIыр мащIэщ. Грек сатуущIэхэр тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм къесылIэн и пэ сыт я нэгу щIэкIа ди лъэпкъымрэ ди бзэмрэ - ар къазэрыфIэIуэху щыIэкъым. НэгъуэщIхэм къафIэмыIуэхуми, дэ къытфIэIуэхужын хуейт, ауэ абы хуэхьэзыр щIэныгъэлI нобэми диIэкъым.