Уахътыншагъэм и блынЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зэрихьэу Бахъсэн къалэ дэт 2-нэ курыт еджапIэм къекIуэкI бжыхьым и кIыхьагъкIэ фIадзащ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм я сурэтхэр. Ар траухуащХэку зауэшхуэр ди текIуэныгъэкIэ зэриухрэ мы гъэм илъэс 75-рэ зэрырикъум. «Уахътыншагъэм и блын» фIэщыгъэр зыгъуэта акцэр егъэкIуэкIыныр къыхэзылъхьар IуэхущIапIэм и унафэщI Нэгъуей Ахьмэдщ. Абы и жэрдэмыр къыдаIыгъащ егъэджакIуэхэми, еджакIуэхэми, жылэдэсхэми. Гукъыдэж зиIэ дэтхэнэми зауэм хэкIуэда, хэта и благъэ-Iыхьлыхэм я сурэтрэ абыхэм ятеухуа тхыгъэ кIэщIрэ зытет баннер иригъэщIу бжыхьым фIидзэ хъунущ. Ахьмэд зэрыжиIэмкIэ, а IуэхумкIэ я мурад нэхъыщхьэр къыдэкIуэтей щIэблэр хэкупсэу гъэсэным къыдэкIуэу нобэ дызыхэпсэукI мамыр гъащIэр къытхуэзызэуа ди нэхъыжьхэр егъэцIыхунырщ, абыхэм пщIэ хуащIу, я фэеплъыр яхъумэу, зэрахьэу къэгъэхъунырщ.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 13:00 →
Зи пIалъэр икIахэр къуащэнукъым
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
|