Дэтхэнэми хэплъэнущКъэбэрдей-Балъкъэрым и прокурор Хабаров Николайрэ Налшык гарнизоным и дзэ прокурор Васильцов Александррэ дзэ Iуэху хэхам хэтхэр дэIыгъынымкIэ «Хэкум и ХъумакIуэхэр» къэрал фондым и къудамэм и IуэхущIапIэу республикэм и щыхьэрым щыIэм 2024 гъэм гъатхэпэм и 13-м щрагъэблэгъащ дзэ Iуэху хэхам хэтахэр, военнэ къулыкъум къыхагъэкIыжахэр, СВО-м хэтхэм я унагъуэхэм щыщхэр.
Абыхэм зыкъыхуагъэзат упщIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ икIи республикэм и прокурорым къекIуэлIахэм ягуригъэIуащ яIэ хуитыныгъэхэр зыхуэдэр. Апхуэдэуи къаIихащ лъэIу тхылъхэр икIи абыхэм хэплъэну КъБР-м и прокуратурэм и унафэщIхэм пщэрылъ ящищIащ.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 17:09 →
Хэт и дамэр нэхъ кIыхь?
08.05.2024 - 16:06 →
Зауэм и бынхэм гулъытэ хуащIу
08.05.2024 - 14:02 →
Радиом и махуэм теухуа телечэщанэ джэгу
08.05.2024 - 13:00 →
Зи пIалъэр икIахэр къуащэнукъым
08.05.2024 - 12:38 →
ЛIыгъэ зыхэлът
|