ЦIыхубзхэр ягъэгушхуэУрысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергейрэ абы и къуэдзэхэмрэ я лэжьакIуэ цIыхубзхэм я махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ.
- Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу мы махуэ гуфIэгъуэ икIи гуапэмкIэ. Фэращ ди Iуэхум щыдищIэгъэкуэныр, ехъулIэныгъэщIэхэм дыхуэзыгъэушыр. Къулыкъум адэкIи ехъулIэныгъэхэр щызыIэрывгъэхьэну, узыншагъэ быдэ фиIэу сыт щыгъуи фыкъэзыухъуреихь Iыхьлыхэм я IэфIыгъэр зыхэфщIэну си гуапэщ, - жиIащ Васильев Сергей.
ЗэIущIэм и кIэухыу щIыналъэ управленэм и унафэщIымрэ абы и къуэдзэхэмрэ цIыхубзхэм иратащ удз гъэгъахэмрэ саугъэтхэмрэ.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 17:09 →
Хэт и дамэр нэхъ кIыхь?
08.05.2024 - 16:06 →
Зауэм и бынхэм гулъытэ хуащIу
08.05.2024 - 14:02 →
Радиом и махуэм теухуа телечэщанэ джэгу
08.05.2024 - 13:00 →
Зи пIалъэр икIахэр къуащэнукъым
08.05.2024 - 12:38 →
ЛIыгъэ зыхэлът
|