|
Махуэгъэпс
5 декабря, 2018 - 05:07
Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, КъардэнгъущI Зырамыку къыфIащауэ щытащ ди республикэм и цIыхубэ артист цIэ лъапIэр. Сэ фIыуэ къызгуроIуэ апхуэдэр къэзымылэжьам фIащ зэрымыхабзэр. ИтIанэми «цIыхубэ», «щIыхь зиIэ» псалъэхэр зыпыт цIэ лъапIэ зезыхьэ псори схузэхуэгъэдэнукъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Зырамыку хуэдэ закъуэтIакъуэхэр (цIэ лъапIэ хуагъэфэщауи хуамыгъэфэщауи щрет), псоми къахощхьэхукI я IуэхущIафэмкIи, а Iуэху зыбгъэдэтыр лъагэу зэраIэтымкIи.
5 декабря, 2018 - 05:07
Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ. Пьесэ. Налшык, 1940 гъэ
Уэращ зи фIыщIэр. Хуумыгъэгъу. Зыщумыгъэгъупщэ. Усэхэр. Налшык, 1945 гъэ
Нартхэр. Къэбэрдей эпос. (Бэдынокъуэрэ Мэлычыпхъурэ я циклхэр). Налшык. 1951 гъэ
Къэбэрдей цIыхубэ уэрэдыжьхэр. Налшык, 1955 гъэ
Хъуэжэ. Пьесэ. Налшык, 1956 гъэ
Нэгумэ Шорэ. Адыгэ народым и тхыдэ. (АдыгэбзэкIэ зэридзэкIащ). Налшык, 1958 гъэ
Мыщэ шу. Сабийхэм папщIэ рассказхэр. Налшык, 1958 гъэ
Дыщэ кIанэ. Адыгэ таурыхъхэр. Налшык, 1959 гъэ
Къэжэр Индрис и уэрэдхэр. Налшык, 1959 гъэ
5 декабря, 2018 - 05:06
У-адыгэм, уемызэшу,
ЖыIэ и цIэр Зырамыку,
Езыр псэкIэ хуэлэжьащи
КъимыкIуэту ар ди Хэку.
Фашистышэм къезымыкуу
КъэкIуэжауэ Зырамыку,
Зыми зыкIи зырамыкум
Езыкуфу Зырамыку.
IуэрыIуатэ пхъуантэдэлъхэр
ЗэIубз зыщIу КъардэнгъущI,
Адыгэлъэ здынэсахэм,
Нэсыфауэ КъардэнгъущI.
Уэрэдыжьхэм псэщIэ хилъхьэу
ЖызыIэжу КъардэнгъущI,
Гуащэгъагъхэм жаIа гъыбзэр
Зыгъэжьгъыжьгъыу КъардэнгъущI.
5 декабря, 2018 - 05:06
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист, гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КъардэнгъущI Зырамыку, цIыхубэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсынымкIэ, адыгэ уэрэдыжьхэр екIуу гъэIунымкIэ зыхуэдэ щымыIэ лэжьакIуэ жыджэрым, куэд дыдэ щызэфIигъэкIащ лъэпкъ щэнхабзэр джынымкIэ, ар хъумэнымкIэ IэнатIэм. Ди республикэм и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэ псор зэрыгушхуэу щыта адыгэлI щэджащэу дунейм тетащ ар.
5 декабря, 2018 - 05:05
Куэд щIауэ соцIыху Зырамыку. ДыкъакIуэмэ, дызэхуозэ. Ди насып къихьри, Иорданым нэкIуати, абыи дыщызэбгъэдэсащ, и гушыIэрэ уэрэдрэ жедгъэIэу. Сешамэ е гукъеуэ гуэр сиIэмэ, Зырамыку и уэрэдхэм содаIуэ, лъэпкъым и тхыдэр, и гъащIэр си нэгум щIэкIым хуэдэу. Мыбы сыкъэкIуэжауэ сыщыщыIэм и деж, махуитI-щы нэхъыбэ дэзмыгъэкIыу, сокIуэри сыбгъэдос. Iыхьшыхьу ущIыхьамэ, къэщIэлэжауэ, и макъри жьгъыру къэхъужауэ, сэри си псэм зигъэпсэхуауэ сыкъыщIокIыж.
5 декабря, 2018 - 05:05
Адыгэм ди гъащIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыщыхъуащ: бгъэныщхьэ унэм щIэкIри унэ зэтетхэм Iэпхъуахэщ, фэтыджэн уэздыгъэр электрокъарукIэ яхъуэжащ, пхъэгъэсын жаIэжыркъым - газкIэ мэпщафIэ, дамащхьэкIэ псы къахьыжыркъым, выгу-шыгу зезыхуэу щытахэр «Мерседес»-м итIысхьащ. Телефон, телевизор къызэрыгуэкIхэр зэрамыпэсыжу, жып телефонымрэ спутник телевиденэмрэ зрапщыт, Iэпэ шотыжьыр ягъэтIылъауэ, компьютер лъэщхэм бгъэдэсщ. Ауэ Iуэхуракъэ, дызыхуэмей гуэрхэри къыздахь, адыгэ хьэл-щэныр ягъэужьых, ди анэдэлъхубзэр къытфIызэIащIэ.
5 декабря, 2018 - 05:04
КъБР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрми и мызакъуэу, Адыгейми Шэрджэсми фIыуэ щалъагъу КъардэнгъущI Зырамыку илъэс куэд щIауэ щолажьэ щэнхабзэм, мащIи мы IэнатIэм щызэфIигъэкIакъым. Ар икIи щIэныгъэм и гъуэгу мытыншым еш имыIэу ирокIуэ. Ар IуэрыIуатэр, уэрэдыжьхэр зэхуэхьэсыжынымкIэ, елэжьынымкIэ зыхуэдэ щымыIэ лэжьакIуэ жыджэрщ.
5 декабря, 2018 - 05:03
Лъытэгъуейщ КъардэнгъущI Зырамыку и гуащIэдэкIыр - ар апхуэдизкIэ инщ, зэмылIэужьыгъуэщи. Зырамыку и къалэмыпэм къыщIэкIауэ дунейм къытехьащ пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэмрэ нэгъуэщI IуэрыIуатэхэмрэ щызэхуэхьэса тхылъ купщIафIэ куэд.
5 декабря, 2018 - 05:00
Дуней псом зы адыгэ тету къыщIэкIынкъым КъардэнгъущI Зырамыку и цIэр зэхэзымыхарэ ар фIыуэ зымылъагъурэ. Зырамыку хуэдэ лIы щэджащэхэр илъэсищэ къэс зэ къызыщIэхъуэ лъэпкъым и насыпщ. Къызыхуалъхуар лъэпкъыр игъэгуфIэну, игъэбжьыфIэну арати, а къалэн лъапIэр гъэзэщIэныр пасэу, щIалэ дыдэу щIэзыдза Зырамыку щIыхуэ къытехуауэ жызыIэфын адыгэ уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум къыдэбгъуэтэну къыщIэкIынкъым.
30 ноября, 2018 - 05:00
Анэм быныр зэрилъагъур псыежэхым и кIыхьагъщ, быным анэр зэрилъагъур телъ лъэмыжым и кIыхьагъырщ - жиIащ псалъэжьым. Анэ хьэкъыр пшыныжыныр гугъуу къыщIэкIынщ, ауэ куэд и уасэщ абы хуэпщI гулъытэмрэ гуапагъэмрэ. Апхуэдэ гупсысэ щIэлъми ярейт иджыблагъэ Налшык къалэм Сабий творчествэмкIэ и «Нарат» IуэхущIапIэм Анэм и махуэм теухуауэ щрагъэкIуэкIа зэхыхьэр.
Страницы
|