|
Махуэгъэпс
12 апреля, 2019 - 05:19
Гъуэгухэм зэрыщызекIуэ хабзэхэм щыубзыхуа хуабжьагъым щIезыгъэгъуу автомобилхэмкIэ къэзыжыхьхэм тралъхьэ къуэдыхэр хуэдихкIэ нэхъыбэ ящIыну къыщIэкIынущ.
12 апреля, 2019 - 05:10
«Сэ къыстеувэ, ущIегъуэжынкъым, сэ уздэзмышэфын щIыпIэ щыIэкъым, - жиIащ лъэс лъагъуэм, зэгуэрым жыжьэ сыкIуэну мурад сщIауэ ди пщIантIэ сыкъыщыдэкIым.
9 апреля, 2019 - 11:34
Къэрал Думэм иджыблагъэ щекIуэкIа «правительствэ сыхьэтым» УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэ къыщыпсалъэу къыхигъэщащ 2018 гъэм къэралым и щIыналъэ 32-м лIэныгъэхэр нэхъыбэ зэрыщыхъуар - УФ-м исхэм яхэщIащ цIыху мин 99,7-рэ.♦♦
5 апреля, 2019 - 05:10
Адыгэ псалъэжьхэр
Дыжэф пцIанэ хъуркъым
♦Гъэмахуэм Iэжьэ щIыи, щIымахуэм гу щIы.
♦Жьыр и гупэу мэпсэу.
♦Зэрабзыр иIэ щхьэкIэ, кърабзэ иIэкъым.
♦ГъэфIым умыгъуэта гъейм бгъуэтыжыркъым.
5 апреля, 2019 - 05:00
Махуибгъур
мылэжьэгъуэу щытынущ
Урысей Федерацэм Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм IэнатIэ яIэнымкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм хэIущIыIу ищIащ дызыхуэкIуэ накъыгъэ мазэм хиубыдэ махуэшхуэхэм зэрызыдгъэпсэхуну щIыкIэр.
3 апреля, 2019 - 05:10
ЦIыхухэм я дзыхь зрагъэзынур дэтхэнэра?
Урысейми нэгъуэщI къралхэми нобэ нэхъ зыщытепсэлъыхьхэм ящыщщ тхьэмахуэ махуэ кIуам Украинэм щекIуэкIа президент хэхыныгъэхэр. Абы кърикIуахэр зэхалъхьэжащ икIи наIуэ къызэрыхъуащи, зыми къахьакъым Iэ зыIэта хэхакIуэхэм я процент 50-м щIигъум я арэзыныгъэр. Апхуэдэу жиIащ Украинэм и ХэхакIуэ комиссэ нэхъыщхьэм и унафэщI Слипачук Татьянэ.
27 марта, 2019 - 05:10
Ди кIэлъыплъакIуэхэр
ягъэкIуэнукъым
ДызыхуэкIуэ тхьэмахуэ махуэм, гъатхэпэм и 31-м, Украинэм щекIуэкIыну президент хэхыныгъэхэм Урысейм и кIэлъыплъакIуэхэр ямыгъэкIуэну унафэ ящIащ ди къэрал унафэщIхэм.
22 марта, 2019 - 05:15
Iэщэхэр ирагъэщэнукъым
Новэ Зеландием и премьер-министр Ардерн Джасиндэ Iэ щIидзащ шэ куэд зэрыплъхьэ хъу Iэщэ лIэужьыгъуэхэр я деж щащэу икIи щызэрахьэу мыдэным теухуа унафэм.
22 марта, 2019 - 05:07
ГъащIэм куэд къыщохъу
Утезмыдзэмэ, сызэгуоуд
Джылахъстэнейм и колхоз нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зым и унафэщIыр губгъуэм ихьауэ елъагъу: Iэхъуэр мэжейри удзыпцIэм хэлъщ, былымхэр гъавэм хыхьауэ Iисраф зэтращIэ.
20 марта, 2019 - 05:10
Инджылызым и Парламентыр арэзы техъуащ я къэралыр Европэ Зэгухьэныгъэм (ЕС) къыщыхэкIыжыну пIалъэр ягъэIэпхъуэным. Иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэм абы и телъхьэу Iэ щаIэтащ депутат 412-м, мыарэзыуэ - 202-м. Иджы а Iуэхум хэплъэн икIи унафэ пыухыкIа тращIыхьын хуейщ ЕС-м хыхьэ къэрал 27-м.
Страницы
|