МЭРЕМ ПШЫХЬ

Адыгэ псалъэжьхэр
Дыжэф пцIанэ хъуркъым

Гъэмахуэм Iэжьэ щIыи, щIымахуэм гу щIы.
Жьыр и гупэу мэпсэу.
Зэрабзыр иIэ щхьэкIэ, кърабзэ иIэкъым.
ГъэфIым умыгъуэта гъейм бгъуэтыжыркъым.
Дыжэф пцIанэ хъуркъым.
Зэрыгъэпщыркъым, зэрыгъатхъэркъым.
Дыщэр и Iэм къыпощ.
IэщIагъэ зиIэ Iэужь иIэщ.
Дзыгъуэ пэтрэ щIымахуэм хуогъэтIылъэ.
ЗэдэпщIэ щIэхщи, зэдэшхэ IэфIщ.
ЗэбгъащIэр IэщIагъэщи, умыщIэр IэфIщ.
Зэхэшэ шэбэщ.
Зэхьэзэхуэ мэунэри, зэижитI мэунэхъу.
Нэм фIэбэр Iэбэм еух.
Бгъэр бгъэкIэ ягъасэ, былымыр былымкIэ къагъуэт.
Нэр делэщ, Iэр бланэщ.
ХамэIэр Iэгъэзагъэ щхьэкIэ - гугъэзагъэкъым.
НэрыIэзэ-Iэпэзадэ.
Уеплъу ущыс нэхърэ, уисми, еIуб.
Бей жей езэгъыркъым.
Уеуэмэ - мэкъущ, уемыуэмэ - къурэщ.
Узэгугъур къогугъуж.
ЩIалэгъуэрэ дахэгъуэрэ зимыIэ щыIэкъым.
Хъанхэ я щIыб джатэ щагъэдалъэ.
Джэд нэхърэ джэдыкIэ нэхъ Iущщ.
Зым и гуращэр щэм я гуращэщ.
Мардэ зимыIэ щыIэкъым.
Пэ зиIэм кIэи иIэщ.
ЦIыкIуу къамылъху ин хъуркъым.
ЦIыху зыпI цIыху уасэ хон.

Дерс
ШабзитI

Шабзэр игъэIэрыхуэфу зызыгъасэ щIалэ цIыкIум шабзитI къищтэри, лэжьыгъэм пэрыуващ. АрщхьэкIэ, и гъэсакIуэм къищтащ зы шабзэр.
- ЕтIуанэ шабзэр щхьэ сIыпха? - щIоупщIэ щIалэ цIыкIур.
- Сэ къыпIысхар етIуанэракъым, атIэ япэ шабзэрщ. Сыту жыпIэмэ, япэ шабзэр тIум щыгъуэми пхутегъэхуэнутэкъым.
- Сыт щхьэкIэ?
- Иджыри зы Iэмал узэриIэм ущыгугъыурэ, япэр къыпхуэгъэсэбэпынутэкъым.

Жэуап

ГъуэгурыкIуэр мэлыхъуэм еупщIащ:
- Нобэрей махуэр сыт хуэдэну пIэрэ?
- Сэ сфIэфIым хуэдэнущ! - жиIащ мэлыхъуэм.
- Дэнэ щыпщIэрэ ар пфIэфIынрэ пфIэмыфIынрэ?
- Уигу ирихь псори гъащIэм зэуэ къузэримытыр къызгурыIуа нэужь, сиIэмрэ слъагъумрэ фIыуэ слъагъуу зезгъэсащ. Сэ шэч къытесхьэркъым, дунейм нобэ сыт хуэдэу зызэримыхъуэкIми, ар сигу зэрыдыхьэнум!

ПщIэну щхьэпэщ
Жьы хъуа псалъэхэр

Хьэлыуэ Iэпищ. ФэрэкI къызэуза сабийр хъужа иужькIэ, хьэлIамэ хуагъавэрт, сабийм и Iэпищым и пIэ тедзауи гъунэгъухэм хуахьырт, я сабийр зэрыхъужам, иджы уакъыкIэлъыкIуэ зэрыхъунум и щыхьэту.
Гъуэгудэгъазэ. Мыр адыгэхэм хьэщIэм хуащI пщIэм, кIэлъызэрахьэу щыта хабзэм ящыщ зыщ. Къуажэм дэкIыу гъуэгу техьам, хьэщIэ къакIуэу илъагъумэ, къигъэзэжырти, къуажэм нэс къигъэблагъэрт, хьэщIэм хуит къищIыжмэ, и гъуэгум пищэжырт.
Дыщрыс. Пасэ зэманым щыгъуэ пщащэм и нэчыхьыр ятха  иужькIэ, и дыщым илъэскIэ щис къэхъурт, зыхыхьэну унагъуэм уасэр зэхуихьэсыху, езыми зигъэхьэзырыху.
Гущэкъуибзэ. Адыгэхэм хабзэу къадекIуэкIыу щытащ зы жэщым жылэм къыдалъхуа щIалэ цIыкIумрэ хъыджэбз цIыкIумрэ я гущэкъу зэхурабзэу. Ахэр балигъ хъуа иужькIэ унагъуэ хъун хуейуэ арат.

ГушыIитI
Щхьэ шэч къытепхьэрэ?

Щхьэбаринэ Къасбот къуажэ псом я унафэщIт. Ауэ ар езым и унагъуэм щыпыпхэт. Абы и фызым бжьыпэр иубыдати, бэуапIэ къритыртэкъым, фызым и унафэкIэ унагъуэр псэурт.
Къасбот и къуажэгъухэр а Iуэхум фIыуэ щыгъуазэти, щIэх-щIэхыурэ къызыпхагъэIукIырт: «Зи унагъуэм унафэ хуэзымыщIыжыф цIыхур къуажэ псом я Iэтащхьэу ягъэувауэ драгъэукI!» АпщIондэху лIыр бампIэм ихьырт. Къасбот и фызым иужь дыдэу иджыри зэ епсэлъэжыну мурад ищIащ.
- Сэ сылIщ, ныбжькIи зы хьэнтхъупс шынакъкIэ сынэхъыжьщ, ауэ щыхъукIэ, унагъуэм унафэщIу исын хуейр сэращ. Унагъуэм унафэщIитI ис зэрымыхъунур зыщумыгъэгъупщэ! Аращ къуажэ къэс, район къэс, область къэс зы унафэщI фIэкIа щIамыгъэуври!
- Уэри зыщумыгъэгъупщэ, тIасэ цIыкIуу сиIэ, а унафэщIхэм ящыщ дэтхэнэ зыми и пщэ дэлъ къалэныр щыхуэмыгъэзащIэм деж зэрытрахур. Ар зыуэ. ЕтIуанэрауэ, уэ къуажэ псо щыпхузехьэкIэ, сэ ди унагъуэ цIыкIу закъуэм и унафэ схуэмыщIыну щхьэ уигу къэкIыххэрэ?..
Абы и ужькIэ, куууэ хэщэтыкIри, Къасбот и IитIыр иIэтыпащ…

Уахъ урикъуэмэ, хъунущ, тIо!

ЦIыхухэм адыгэ хабзэхэр Iэдэбу ягъэзащIэмэ, Уэсмэн дадэ игу хэхъуэрт, ямыгъэзащIэртэкъэ - и жагъуэ хъурт. И жагъуэ хъууэ къэмынэжу, ириубыдылIапэрти, игъэукIытэрт: «Адыгэ укъилъхуакъэ? Адэ-анэ уагъэсакъэ?»
Зыбжанэ щIауэ Уэсмэн хузэгуэпырт имыцIыху зы щIалэ нэмысыншэ гуэрым. ЩIалэр зэ лIыжь гуэрым и ижьырабгъум щыту, зэ фызыжь гуэрыр и сэмэгурабгъум щыту, зэи нэхъыжьитIым я зэхуакум дэтрэ зыщIыпIэ кIуэуэ уэрамым щрихьэлIэрт. АпщIондэху Уэсмэн щIалэм еущиерт, егиерт, здэщытын хуей лъэныкъуэмкIэ игъэувыжырт. АрщхьэкIэ абы адыгэ хабзэ дахэр хузыхэлъхьэртэкъым. Хузыхэлъхьэпэнуми, къыфIэIуэхутэкъым.
Апхуэдэу екIуэкIыурэ, Уэсмэн дадэ а щIалэмрэ зы лIыжьрэ зэгъусэу уэрамым кърикIуэу ирихьэлIащ. Аргуэрыжьти, щIалэр лIыжьым и ижьырабгъум щытт. ИтIанэ Уэсмэн дадэ зэгуэпауэ абы еупщIащ:
- Уэ хэт урищIалэ, тIо?
- Дырагун Уахъ!
- А-а!.. Уахъ урикъуэмэ, хъунущ, тIо! - пищащ лIыжьым и псалъэм. - Дэнэ лъэныкъуэкIэ ущытми хъунущ, тIо! Тхьэ дыгъыIэ, зэрымыщIэкIэ, уэри бэлыхь ухэзгъэтамэ, сэри хьэзаб зытезгъэлъамэ!.. ДяпэкIэ гугъу дызэрегъэхьыжынукъым!
Дырагун Уахъ зэрыхабзэншэжьыр, зэрынэмысыншэжьыр Уэсмэн дадэ ищIэртэкъэ?..

Дудар Хьэутий.

Iуэтэж
Iулъхьэ

Бжей жыгхэм я пщIащэр жьым зэрихьэрт, уэчылым, Хьэжы Намыкъ, и тхылъымпIэхэр зэщIикъуэжащ, жьым ирихьэжьэнкIэ шынэри. Щхьэгъубжэр хуищIащ, бжэр къридзылIэжынути, бжэщхьэIум нэсауэ, лIы лъахъшэ цIыкIу пщIантIэм къызэрыдыхьэр илъэгъуащ. И плIэм хъуржын  зэпедзэкI илъщ лIы лъахъшэ цIыкIум, шыди  IумпIэкIэ иIыгъщ.
- Еблагъэ, Алий Хъуэжэ! - къицIыхужащ уэчылым лIы лъахъшэр. - Сытым укъытхуихьа? Бэзэрым махуитI иIэжщ иджыри, щхьэ укъежьа?
И нэр щIиукъуанцIэри, лIы лъахъшэ цIыкIум тхьэмыщкIафэ зытригъэуащ.
- Си Iуэху щIагъуэкъым, зиусхьэн. Бэлыхь сыхэхуащ. Аращ сыкъезыхужьар… - жери зриIуэнтIыхьащ лIы лъахъшэ цIыкIум.
- Сыт пщIэн-тIэ, къыщIыхьэ… Нэхъ зэхэщIыкIыгъуэу къызжеIэт.
- БжесIэнкъэ… Аращ сыкъыщIэкIуар.
- Къэхъуар сыт?
- Уэр фIэкIа сызэчэнджэщын сиIэкъым. ЧэнджэщакIуэ сыкъэкIуащ.
Алий Хъуэжэ шыдыр ирипхри, уэчылым кIэлъыщIыхьащ. Уэчылым чысэ къыхуишияти, тутын ишыхьащ, и хъуржынри иригъэувэхащ, тутыным екъуурэ, и Iуэху зытетыр Хьэжы Намыкъ хуиIуэтащ.
Къуажэ мухътарым, Сойсузоглу, едауэрт Алий Хъуэжэ. Мухъутарым и щIы кIапэм унэ трищIыхьыгъащ Алий Хъуэжэ. Иджыри къэс  къеныкъуэкъуакъым мухъутарыр. Иджы къодауэ, унэ трихын мурад ищIащи. «ЩIыр зейм унэри ейщ», - къыжреIэ. Ар Алий Хъуэжэ идэркъым: «Унэр зейращ щIыри зейр!» - жери пэуващ.
Хьэжы Намыкъ, и жьакIэм хэпэщэщыхьри, заулрэ гупсысащ. Иужьым жиIащ:
- Узахуэкъым, Алий Хъуэжэ!
- Сэра мызахуэр?
- Уэращ. Узахуэкъым.
- Сызахуэщ. Унэр щысщIым зыри щхьэ жимыIарэ мухъутарым?
- АбыкIи хуитщ - къыбжиIэнуи къыбжимыIэнуи.
- СызахуэкIэ тхьэ щысIуэжынщ! СыпикIуэтынкъым! Сызэрызахуэр и фIэщ сщIынущ! Седэуэнущ!
- Уедауэмэ, ухилъэфэнщ.
- Сыхрелъафэ! ИтIани седэуэнущ!
Алий Хъуэжэ зэрыхилъэфэнум шэч къытрихьэртэкъым, Iуэхум хэIэбэнутэкъым Хьэжы Намыкъ. ИтIани, сыт ищIэн: игъэщIэхъу хъунукъым, Бозоюкъ къуажэм дэсхэм яхуэуэчылщ илъэс тIощIрэ пщIырэ хъуауэ. КъэзымыцIыху дэскъым Бозоюкъ, Iуэху къалъыкъуэкIамэ, зэжалIэр Хьэжы Намыкъщ, я уэчылщи. ПщIэншэу ягъэуэчыл ффIэщIрэ - шхын щагъаIэркъым, гу къылъатэ зэпытщ, гъавэр хъуамэ.
И щхьэм ечэнджэщыжри, Хьэжы Намыкъ жиIащ:
- Хъунщ, уи Iуэхур си пщэ дэслъхьэжынщ, ауэ ухилъафэмэ, уигу къызумыгъабгъэ: мыр Iуэху цIыкIуфэкIукъым.
- Уэзгъэбгъэнкъым. Ауэ сыт сыхилъэфэнкIэ ущIэшынэр?
- Узахуэкъыми, аращ сыщIэшынэр.
- ХеящIэм зы щынэ пшэр хукъуэзгъэплъмэ-щэ?
- Дауэ-пIа?
- Си кIэн къикIынкIэ хъункъэ итIанэ?
- Уи кIэн къикIын сщIэркъыми, ущыхилъэфэпэнур абы щыгъуэщ!
- Сыт щхьэкIэ?
- Нобэ ди хеящIэр япэрейм хуэдэжкъым, ухэзэгъэнкIэ Iэмал зимыIэщ! Iулъхьэ хукъуэбгъэплъакъэ - узахуэми, ухригъэлъэфэнущ. Бий къыпхуэхъунущ, уигъэтIысыпэнри хэлъщ! ПцIыхуркъым уэ ар! Нэхъ цIыху къабзэ срихьэлIауэ сщIэжыркъым. Iулъхьэ хэзэгъэнукъым, кIэщIу бжесIэнщи. «Щынэ пшэр хукъуэзгъэплъмэ!» жыбоIэ…
Алий Хъуэжэ и щхьэр ищIащ:
- Апхуэдэ цIыху къабзэм тхьэм дыщимыгъащIэ!
- Тхьэм жиIэ!
Зы сыхьэт хуэдэкIэ зэбгъэдэсащ уэчылымрэ Алий Хъуэжэрэ.
Алий Хъуэжэ зэрыхилъэфэнум шэч лъэпкъ къытримыхьэми, Iуэхур и пщэ дилъхьащ уэчылым: Бозоюкъ жылэм яфIэлIыкIащ, езы Алий Хъуэжэи пщIэ хуищIырти, хуэгъэщIэхъуакъым.
- Хъунщ, сыхыхьэнщ уи Iуэхум, - къыжриIащ, ауэ укъысщымыгугъыщэ: узэрыхилъэфэнур сызэрылIэжынум хуэдэу сощIэ, уи жагъуэ умыщIыж иужькIэ, уи Iуэхум зыри къимыкIмэ.
Ар зэраухылIэри, Алий Хъуэжэ ежьэжащ. ТхьэмахуитI дигъэкIри къытригъэзэжащ. Уэчылыр матхэри стIолым бгъэдэсщ. Алий Хъуэжэ къыщыщIыхьэм, Хьэжы Намыкъ и щхьэр къиIэтащ, и нэгъуджэри дригъэкIуэтеящ.
- Къеблагъэ, къеблагъэ, Алий Хъуэжэ! Ди кIэныр къикIащ, пщIэркъэ? Си фIэщ хъуртэкъым ди кIэныр къикIыну!
- КъыщIикIар пщIэркъэ? - еплъащ Алий Хъуэжэ уэчылым.
- Сыт къыщIикIар? - и нэр къригъэжащ уэчылым.
- ХеящIэм хуезгъэша щынэ пшэрыращ ди кIэныр къыщIикIар, - къыфIэмыIуэху-къыфIэмыIуэхуу жэуап итыжащ Алий Хъуэжэ.
- Дауэ-пIа? Щынэ хуебгъэша хеящIэм?
- Хуезгъэшащ.
- Епкуащ, сытми?
- Ескуащ. Уэракъэ къызжезыIар: «ХеящIэм Iулъхьэ хэзэгъэнукъым, Iулъхьэ къыхукъуэзыгъэплъыр, захуэми, хригъэлъэфэнущ»? Ы?
- Сэращ…
- Щынэ хуезгъэшащ, ауэ хуезыгъэшар сэрауэ зыкъезгъэщIакъым.
- НтIэ?..
- Мухъутарым хуригъэшауэ жрезгъэIащ хеящIэм.
Уэчыл лIыжьым къалэмыр IэщIэхуащ, и жьэр иущIа фIэкIа, зы псалъэ хузэпыщэжакъым.
Жьы мащIэ къыкъуэури, жыгей пщIащэм и макъыр щхьэгъубжэм къыдэлъэтащ…

Хьэткъуэ Умар,
дунейпсо литературэм и классик
(1884 - 1920 гъгъ.).

Интернетым дыкъыщоджэ
Зэадэзэкъуэмрэ шыдымрэ

Зэгуэрым зэадэзэкъуэм я шыдыр я гъусэу уэрамым дыхьат. Адэр шыдым тест, къуэм вожэр иIыгът.
- Сабий тхьэмыщкIэ! - жиIащ гъуэгурыкIуэ гуэрым, - и лъакъуэ псыгъуэ цIыкIухэр шыдым лъэщIыхьэ къудейщ. Дауэ шыдым IитIэлъитIэу утесыф, сабийм бэлыхьыр тебгъэлъу?
Адэм и гум щIыхьащ гъуэгурыкIуэм и псалъэхэр. Езыр шыдым къепсыхри, щIалэ цIыкIур тригъэтIысхьащ. Куэд ямыкIуу, аргуэру къахуэзащ лIы гуэр. Аргуэрыр губжь щIэлъу къогуо:
- ЕмыкIущ мы слъагъур! Сабийр, пащтыхьым ещхьу, шыдым тесщ. Нэхъыжьыр лъэсу кIэлъокIуэ. ЩIалэ цIыкIур ириукIытащ лIым жиIам, адэр къыпытIысхьэнуи елъэIуащ.
- Мыр сыт гущIэгъуншагъэ, - мэхъущIэ ахэр къэзылъэгъуа фыз гуэрыр. - Зи бзэ мыпсалъэ псэущхьэм и фэр апхуэдизу щхьэ ифхрэ?
Зы псалъи жамыIэу зэадэзэкъуэр шыдым къепсыхри, абы бгъурыту ежьэжащ. Я гъуэгум хагъэщIаIатэкъым, зэкIуэцIылъэлъу къащыдыхьэшхыу къахуэкIуэ лIыр щалъэгъуам:
- Е зиунагъуэрэ, мы шыдыр фыщIиIэм и мыхьэ­нэр сыт, сэбэп мыхъунумэ? ТIум яз фытетIысхьэ хъунукъэ, фымыгъэхьэулейуэ?
Шыдыр зей лIым и Iэр щIалэ цIыкIум и дамащхьэм хьэлъэу трилъхьэри жиIащ:
- Дауэ тщIыми, дагъуэ къытхуэзыгъуэтын дрихьэлIэнущ. Дэ езым ди Iуэху къызэрикIынум хуэдэу тщIымэ нэхъыфIщ, псоми задедгъэкIуну иужь дихьэ нэхърэ.

ФIыщIэ

Сабий гуэр зеиншэ хъури, и Iыхьлы жыжьэ гуэрым зришэлIэжат. Сабийр къэзыщтэжа лIыр къыхуэгущIэгъуншэт: щIалэ цIыкIум щIэх-щIэхыурэ удын гъущэ иридзырт, езыр шха нэужь, къанэр къыхуидзырт, и ней къыщыхуэмэ, щIыунэм щIидзэрти, сыхьэт бжыгъэкIэ щIигъэсырт, нэгъуэщI сабийхэм ядигъэджэгуртэкъым.
Зэгуэрым, а псор хуэмышэчыжу, щIалэ цIыкIур къыщIэпхъуэжащ. Куэдрэ къызэхикIухьащ абы дунейр: щIакхъуэ Iыхьэ щхьэкIэ лъаIуэу, къыздыпэщIэхуэм щыIурихыу. Зэгуэрым ар тежеящ дзэ хуэIухуэщIэхэм щыхуагъасэ школым и бжэщхьэIум. Школым и гъэсакIуэр апхуэдизкIэ лъэщти, и хъыбарри жыжьэ нэсат. Абы зришэлIащ щIалэ цIыкIур, дзэ хуэIухуэщIэхэми хуигъэсащ. Илъэсхэр кIуащ. ЩIалэ цIыкIур и гъэсакIуэм лъэщIыхьэжащ IэзагъкIэ. ГъэсакIуэр щылIэм, и школыр щIалэм, къыхуигъэнащ. Зэгуэрым щIалэр и гъэсэнхэм я гъусэу и сабиигъуэр щыкIуа щIыпIэхэм къыщыхутащ. Куэбжэпэ гуэрым деж щыст щIалэм и благъэ ткIийр.
- Мо лIыжьращ сыкъызыфIыщIэпхъуэжауэ щытар, - яжриIащ абы и гъусэхэм.
Модрейхэм я къамэхэр кърапхъуэтат я гъэсакIуэм илъ ящIэжыну. Ауэ щIалэм къигъэувыIащ ахэр:
- Сэ абы фIыщIэшхуэ хузощI. Иджыпсту сиIэ псори абы и фIыгъэкIэ зыIэрызгъэхьащ. Сэ сызэрыхъунур хэтыт зыщIэр, ар мыхъуамэ?

ЗэзыдзэкIар НафIэдз Заремэщ.

Чэнджэщхэр
Бэлагъыр ятхьэщIыркъым

Хывышэм нэхъ дагъэ куэд щIэтщ, жэмышэм нэхърэ.
ДжэдыщIэм япэу къикIэцI джэдыкIэр цIыкIунитIэщ, ныбгъуэ джэдыкIэм хуэдизу, ар яшх хабзэкъым.
ГъэтIылъыгъэ ящIыну кхъуейр щыхэхын хуейр мэкъуауэгъуэ, бадзэуэгъуэ, шыщхьэуIу мазэхэрщ. Мис абы щыгъуэ хаха кхъуейр IэфIщ, витамин куэду хэлъщ.

Тхъур нэхъыбэрэ бгъэвэжыхукIэ, нэхъ къабзэ икIи нэхъ IэфI мэхъу, куэдрэ зэIыхьэркъым.
ПIастэр зэращIа бэлагъыр ятхьэщIыркъым, а бэлагъым кIэрыжьа пIастэр сэкIэ кIэратхъунщIыкI.
Жэмыкуэ е кхъуейжьапхъэ щащIкIэ джэдыкIэ куэд халъхьэмэ, тхъу къыщыщIимыдз щыIэщ. ДжэдыкIэм шатэм къыщIидз тхъур зыщIеф.
Нэхъыжьхэм джэд гъэва е гъэжьа щашхкIэ джэдыфэр къытрахырти, цIыкIухэм иратырт яшхыну, нэхъ щIалэ фищIынущ, бланэ фыхъунущ икIи нэхъыбэрэ фыпсэунущ жаIэрти.

Къубатий Борис.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ