ЛIы и Iуэхуу хэкум ирищIыхьарИлъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, КъардэнгъущI Зырамыку къыфIащауэ щытащ ди республикэм и цIыхубэ артист цIэ лъапIэр. Сэ фIыуэ къызгуроIуэ апхуэдэр къэзымылэжьам фIащ зэрымыхабзэр. ИтIанэми «цIыхубэ», «щIыхь зиIэ» псалъэхэр зыпыт цIэ лъапIэ зезыхьэ псори схузэхуэгъэдэнукъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Зырамыку хуэдэ закъуэтIакъуэхэр (цIэ лъапIэ хуагъэфэщауи хуамыгъэфэщауи щрет), псоми къахощхьэхукI я IуэхущIафэмкIи, а Iуэху зыбгъэдэтыр лъагэу зэраIэтымкIи.
ИЛЪЭС 70-м нэблэгъауэ а лIы щэджащэр ди лъэпкъ щэнхабзэм хуолажьэ, илъэс 60 хъуауэ адыгэ щыпсэу щIыпIэ къимыгъанэу уэрэдыжьхэр, хъыбархэр, псалъэжьхэр зэхуехьэс, зэхуехьэсри тхылъу къыдегъэкIыж. Илъэс 50-м щIигъуащи, абы и уэрэд жыIэкIэр цIыхубэм ямыужэгъуу, щIэщыгъуэр имыкIыу, едаIуэр псэкIэ ихьэхуу къоIу. Сурэтым: Зырамыку Мейкъуапэ щохьэщIэ. Ар бгъэдэсщ СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, тхакIуэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэ КIэрашэ Тембот. 1956 гъэ
Поделиться:
Читать также:
24.04.2024 - 13:21 →
ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 →
НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 →
НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 →
НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 →
НОБЭ
|