|
Спорт
8 февраля, 2019 - 05:05
Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуауэ спорт лIэужьыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ лъагапIэ инхэр къэзыщтэфахэм 2010 гъэм иджыри зы адыгэ щIалэ къахэхъуащ. Ар бодибилдингымкIэ дунейпсо чемпион Лъакъуэдыгъу Рамзесщ.
6 февраля, 2019 - 05:05
ЩIы хъурейм щыгъуэтыгъуейщ Адыгейм и Куэшхьэблэ щIыналъэм хыхьэ Еджэрыкъуей къуажэм къыщалъхуа Хьэсанэ Мурат самбэмкIэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм хуэдиз зиIа: дуней псом 11-рэ и чемпион хъуащ, Дунейпсо кубокыр 8 къихьащ, Европэм 5 щытекIуащ, 19-рэ къэралым дыщэр щызыIэригъэхьащ. Илъэс пщыкIутхум щIигъукIэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и капитану щытащ икIи зыхэт спорт лIэужьыгъуэм щынэхъ лъэщ дыдэу куэдрэ къалъытащ. Абы самбэмкIэ къэралми дунейми къыщыпэлъэщын щIагъуэ щыIакъым 1993 - 2006 гъэхэм.
1 февраля, 2019 - 05:10
Ещтрэч Владимир Налшык къыщалъхуащ 1947 гъэм накъыгъэм (майм) и 16-м. Ди къалащхьэм и сабий-ныбжьыщIэ спорт школым топ джэгуным зыщыхуигъэсащ. Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьауэу 1964 гъэм джэгун иригъэжьащ.
30 января, 2019 - 05:08
Гъуащхьэтет цIэрыIуэ Хьэпэ Заур фIэкIа Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъуэщI зы футболисти къихъуакъым командэ зэмылIэужьыгъуищым яхэту къэралитIым плIэнейрэ я чемпион хъуауэ.
25 января, 2019 - 05:00
ШахматхэмкIэ цIыхубзхэм я дунейпсо чемпионатхэр 1927 гъэм щыщIэдзауэ ирагъэкIуэкI. Совет Союзыр щыIэхункIэ ди къэралым щыщхэм тепщэныгъэр абы зэи щаутIыпщакъым. СССР-р лъэлъэжа иужькIэ зэ закъуэщ Урысей Федерацэм шахмат тажыр цIыхубзхэм къыщыхуахьыфар – гуапэщ ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ Налшык къызэрыщыхъуар. Иджы бжьыпэр нэхъ зыIыгъыр Китайм и шахматисткэхэращ. Нобэ щыгъуазэ фыхуэтщIынщ цIыхубзхэм ящыщу нобэр къыздэсым дуней псом и чемпион хъуа цIыху 16-м.
23 января, 2019 - 05:00
Каспаров Гарри дунейпсо чемпион хъуа иужькIэ, мыгувэу Совет Союзыр зэхэщэщэжащ. ЧемпионыщIэм абы Iэмал къритащ дэнэкIи игъэзэну. 1993 гъэм Каспаровымрэ шахмат тажым щIэбэныну къызылъыса инджылыз Шорт Найджелрэ Дунейпсо Шахмат Федерацэр (ФИДЕ) ягъэкъуэншащ зэфIэкI зэримыIэмрэ Iулъхьэм зэрызэщIищтамкIэ.
18 января, 2019 - 05:00
ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и зэранкIэ зэпагъэуат ЩIы хъурейм и шахматист нэхъыфIыр гъэбелджылыныр. Ар щызэхаублэжар 1948 гъэращ. Фызэрыщыдгъэгъуэзащи, абы щыгъуэм чемпион хъуа Ботвинник Михаилрэ ар пIалъэкIэ зыхъуэжа Смыслов Василийрэ я текIуэныгъэхэм къыпащащ ди шахматист цIэрыIуэхэм икIи Совет Союзыр къутэжыхукIэ зэ закъуэщ шахмат тажыр (1972 - 1975 гъэхэм) нэгъуэщI къэралхэм щыщ гуэрым щыIэрыхьар.
16 января, 2019 - 05:00
Шахматхэр спорт лIэужьыгъуэ нэхъыжь дыдэхэм ящыщ зыщ. Дунейм и щIыпIэ псоми абы зыщиубгъуащ икIи цIыху мелуанхэр дихьэхащ. ЦIыхум и акъылыр, зэфIэкIыр, зэпэлъытэр нэсу къэзыгъэлъагъуэщ ар. ШахматхэмкIэ япэ дунейпсо зэхьэзэхуэшхуэ щекIуэкIар 1851 гъэращ. Абы щыгъуэм Инджылызым и къалащхьэ Лондон щызэхуашэсат дэнэ щIыпIи къраша спортсмен нэхъ лъэщхэр. А зэхьэзэхуэм щытекIуа, Пруссием щыщ Андерсен Адольф куэдым къалъытэ япэ дунейпсо чемпиону, арщхьэкIэ официальнэу а цIэ лъапIэр щагъэувар 1886 гъэращ.
11 января, 2019 - 05:00
2018 гъэр, адрейхэми хуэдэу, яхуэугъурлащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм. Зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэти щытекIуащ, хэти дамыгъэ лъапIэхэр иIэу къыщигъэзэжащ. Нобэ фигу къэдгъэкIыжынщ ахэр:
26 декабря, 2018 - 05:08
Дагъыстэнымрэ Нижегород областым хыхьэ Арзамас къалэмрэ щызэхэта бэнэкIэ хуитымкIэ зэхьэзэхуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм текIуэныгъэхэр къыщахьащ.
Страницы
|