Я хэхъуэр нэхъыбэ мэхъу

УФ-м Къэрал статистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2023 гъэм и ещанэ мазищым ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм езым яIэ хэхъуэр нэхъыбэ хъуащ – процент 13,1-кIэ. Ди республикэм абыкIэ къыкIэлъокIуэ Тюмень областыр, Тэтэрстаныр, Камчаткэр – абыхэм щыщыIэ бжыгъэхэр проценти 10 - 12 мэхъу.

Псори зэхэту къэбгъэлъагъуэмэ, 2023 гъэм и ещанэ мазищым Урысейм щыпсэухэм яIэ хэхъуэр проценти 4,9-кIэ нэхъыбэ хъуащ. Ар куэдкIэ къыкIэрыхуркъым япэ, етIуанэ мазищым щыIа бжыгъэхэм – проценти 5.

Ди республикэм исхэм езыхэм яIэ хэхъуэр нэхъыбэ хъуным шэсыпIэ хуэхъуащ сабий зэрыс унагъуэхэм 2023 гъэм къриубыдэу социальнэ ахъшэу сом мелард 30 зэрыратар, экономикэм, псом хуэмыдэу промышленность, мэкъумэш, турист IэнатIэхэм, зэрызаужьар, лэжьапIэншэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыхъуар, цIыхухэм я улахуэм зэрыхухагъэхъуар.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: