Къэбэрдей-Балъкъэрым и нэхъыфIхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и телеграм-каналым иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2023 гъэм зыуэ щыт къэрал экзаменхэр балли 100-кIэ ятащ республикэм и Налшык къалэм, Тэрч, Шэджэм щIыналъэхэм я курыт еджапIэхэм я гъэсэн зыбжанэм.

Балл нэхъ лъагэ дыдэхэр химиемкIэ къахьащ Тыкъуэ Лаурэ, Мисировэ Саидэ, Къущхьэ Саримэт, Къэгъэзэж Андемыркъан, Дыкъуэ Iэминэ сымэ. Якушенкэ Илья, Мэремкъул Дарье, Батыр Данизэ сымэ балли 100-р къалэжьащ урысыбзэмкIэ.

МатематикэмкIэ Хаджиев Ренат, информатикэмрэ ИКТ-мкIэ Соблыр Мухьэмэдрэ Сокъур Иналрэ апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьащ. ТхыдэмкIэ балли 100 хуагъэфэщащ Хьэгъэбанэ Залинэ къигъэлъэгъуа щIэныгъэм.

Республикэм япэм къэмыхъуауэ инджылыбзэмкIэ балл нэхъ лъагэ дыдэр - 100 - къихьащ Сэхъурокъуэ Артур.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: