НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 14, махуэку

♦1695 гъэм къэралым и пащтыхь Пётр Езанэм къыхилъхьэри, адыгэпщ Черкасский Михаил Алигъуокъуэ и къуэр Урысейм и генералиссимусу хахат.

♦1816 гъэм къалъхуащ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр щIэныгъэм тету джыным япэу зезыпщытахэм ящыщ, адыгэбзэм, абхъазыбзэм, шэшэныбзэм я алфавит зэхэзылъхьа Услар Пётр.

♦1936 гъэм къалъхуащ дирижёр, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бекъул Леонид.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 2, жэщым градус 1 - 2 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

АдакъэщIэрэ хущIэ пIастэрэ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ