И щIэинхэр фIыуэ зылъагъухэр

КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, СССР-ми РСФСР-ми я къэрал саугъэтхэм, Лениным и цIэр зезыхьэ саугъэтым я лауреат Кулиев Къайсын къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу, гъэ къэси хуэдэу, Налшык къалэм усакIуэм и фэеплъу абы и цIэр зезыхьэ уэрамым тетым деж ягу къыщагъэкIыжащ. КърихьэлIахэм яхэтт республикэм и унафэщIхэр, усакIуэм и благъэхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, лъэпкъ интеллигенцэр, и усэхэр фIыуэ зылъагъухэр.

Къэпсэлъахэм жаIащ усакIуэшхуэр Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм зэращымы­гъупщэр, литературэм, щэнхабзэм я лэжьа­кIуэхэм я дежкIэ усакIуэр лъагапIэу, вагъуэ нэхуу къызэрынэжыр. ЛIэщIыгъуэкIэрэ цIыхухэм зэIэпахыну абы и усэхэр, и псалъэхэр къахуэщхьэ­пэнущ цIыхухэм лъагъуныгъэрэ гугъэрэ яIэу ­гугъуехьхэр къызэранэкIынымкIэ. Кулиев Къайсын и усэ щэ бжыгъэхэмрэ и тхылъ пщIы бжыгъэхэмрэ бзэ зэмылэIужьыгъуэу 140-кIэ зэра­дзэкIащ икIи къэрал куэдым къыщыдагъэкIащ. И псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр ягъэзэщIащ Бернес Марк, Пугачёвэ Аллэ, Иопше Аллэ, Рахимов Стахан.
Къызэхуэсахэр къэпсэлъа, усакIуэм теухуа я гукъэкIыжхэмкIэ зэдэгуэша нэужь, абы и фэ­еплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.
Кулиев Къайсын къызэралъхурэ илъэс 106-рэ зэрырикъум теухуа зэхыхьэхэм щыпащащ уса­кIуэр къыщалъхуа икIи щыщIалъхьэжа Шэ­джэм къалэм дэт и фэеплъ-музейм. Музейм къэкIуахэм абы зыщаплъыхьащ, усакIуэм и гъащIэмрэ и ­гуащIэмрэ тепсэлъыхьащ, и усэхэм къеджащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться: