Суд приставхэм я фIыгъэкIэ

Суд Iуэхухэр ягъэува хабзэм тету екIуэкIыныр къызэрагъэпэщу Iуащхьэмахуэ район судым и хэщIапIэм къалэныр щезыхьэкI суд приставхэм псынщIэу ягъэункIыфIащ абы къыщыхъуа мафIэсыр. Ар кърикIуат унэм электрокъарур къыщекIуалIэ щIыпIэм игъуэта сэкъатым. Суд приставхэм я Iуащхьэмахуэ къудамэм и лэжьакIуэхэр Iуэхум псынщIэу зэрыпэрыхьам и фIыщIэкIэ мафIэсым зиубгъуакъым. 
МафIэр цIыхухэм зэран яхуэмыхъун папщIэ ахэр къыщIагъэIэпхъукIащ икIи мафIэсгъэункIыфIхэр къраджащ. Айдаев Къасымрэ Ботэщ Альбертрэ щыIэ Iэмэпсымэр къагъэсэбэпри, мафIэс частым и лэжьакIуэхэр къэмыс щIыкIэ ар ягъэункIыфIащ, къегъэлакIуэхэм къахуэнар лъэужьхэр гъэкIуэдыжынырт.  
ЗэгъэуIуауэ икIи хуэIэижьу Iуэхум зэрыбгъэдыхьам и фIыщIэкIэ мафIэсышхуэ къэхъуакъым. Суд лэжьакIуэхэми цIыхухэми абы и зэран къекIакъым.  
БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: