Нобэ

Бадзэуэгъуэм и 28, мэрем

Гъуэжь узым ебэныным и дунейпсо махуэщ
1957 гъэм
Москва къалэм къыщызэIуахащ щIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я VI дунейпсо фестивалыр. Абы хэтащ къэрали 131-м къикIа ныбжьыщIэ мин 34-рэ. «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ ансамблыр а фестивалым и лауреат хъуащ.
1900 гъэм къалъхуащ Сирием щыпсэуа жылагъуэ лэжьакIуэ, Сорбоннэ дэт университет цIэрыIуэр къэзыуха, «Шэрджэсхэм я тхыдэр», «Пащтыхьхэм я бийуэ шэрджэсхэм ирагъэкIуэкIа зауэхэр» лэжьыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Сэмгугъу Iэмин.
 

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 25 – 29-рэ, жэщым градус 18 – 19 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Бдзэжьей цIыкIу псышхуэм итхьэлэрэ?

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

06.05.2024 - 13:11 НОБЭ
03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ