ХэкIуэдахэр ягу къагъэкIыжЖэпуэгъуэм и 13-м КъБР-м и хабзэхъумэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэм республикэм и щыхьэрым и курыт еджапIэ №8-м и школакIуэхэмрэ Налшык къалэ администрацэм дэлажьэ ЩIалэгъуалэ советым и волонтёрхэмрэ щахуэзащ полицэм и къудамэ №1-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэ Яковлевэ Галинэрэ Урысей МВД-м Налшык къалэмкIэ и управленэм и Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Хьэмырзэ Хьэзэрталийрэ. ЗэIущIэм хэтащ къалэ администрацэм Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и управленэм и IэщIагъэлI пэрыт ГъукIапщэ Линэ. 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м къэхъуа гуауэр ягу къыщагъэкIыжа зэIущIэр хуэгъэпсат сабийхэр цIыхугъэм и дерсым щIэгъэдэIуным, ахэр гущIэгъуншагъэмрэ залымыгъэмрэ пэIэщIэу къэгъэтэджыным. .
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|