Ди щIыналъэм пхъэщхьэмыщхьэр щобагъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ дыгъуасэ Минеральные Воды щекIуэкIа МыIэрысэр зэрагъэкI, зэрахъумэ, зэращэ IэмалыщIэхэм ятеухуа «PRO ЯБЛОКО» етхуанэ дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэм.

«Урысей Федерацэм мыIэрысэ гъэкIыным зэрызыщиужьым теухуауэ пленарнэ зэхуэсым къыщыпсэлъащ УФ-м Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министерствэм, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэм, а Iуэхум пылъ зэгухьэныгъэхэм, мэкъумэш лэжьапIэ нэхъ инхэм я лIыкIуэхэр.

Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, 2022 гъэм Урысейм пхъэщхьэмыщхьэхэкIыу къыщрахьэлIэжам и процент 16-р дыдейщ. ПхъэщхьэмыщхьэхэкIыу тонн мин 680-рэ къыщыпачащ ди щIыналъэм, ар процент 27-кIэ нэхъыбэщ 2021 гъэм еплъытмэ. КъищынэмыщIауэ, къэралым нэхъыбэ дыдэ къыщезыхьэлIэжахэм дащыщщ.

Республикэм куэд щIауэ езыр зыхуэныкъуэр егъэкI, абы къыдэкIуэуи хамэ къэрал кърашхэр ди деж къыщыкIхэмкIэ зэхъуэкIыныр фIыуэ къохъулIэ, апхуэдэу Урысейм и къалэхэм пхъэщхьэмыщхьэу тонн мин 400 ирегъашэ. Ди хэгъэгум IуэхущIапIэ 15 итщ, зы илъэсым жыгыщIэ мелуани 3,5-рэ щагъэкIыу. ЖыгыщIэ зы мелуан хуэдиз нэгъуэщI хэгъэгухэм ирагъашэ», - щетх КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым.

Поделиться: