Музейм щахъумэнущ ТекIуэныгъэм и сэшхуэрКъБР-м и Лъэпкъ музейм ЗауэлI щIыхьымкIэ и пэшым а IуэхущIапIэм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат На-куэ Феликс щратащ ТекIуэныгъэм и сэшхуэр щахъумэну. Ар ЗауэлI щIыхьым и къалэ Налшык къыхуагъэфэщащ. - Къэбэрдей-Балъкъэрым и дежкIэ тхыдэ мыхьэнэшхуэ зи Iэ махуэщ нобэ, - жиIащ и КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. - ТекIуэныгъэм и сэшхуэр КъБР-м и Лъэпкъ музейм щахъумэну къахьащ. Ар республикэм, Хэкум и щхьэхуитыныгъэмрэ мамырыгъэмрэ щIэбэна лIыхъужьхэм я тхыдэм щыщ Iыхьэщ, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъ мыкIуэдыжынщ. Сурэтыр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|