Музейм и жэщСурэтыщI ГъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейр иджыблагъэ хэтащ «Музейм и жэщ» урысейпсо Iуэхум.
Хабзэ хъуауэ илъэс къэс къызэрагъэпэщ зэхыхьэм, мы гъэми (хэтыну, еплъыну) цIыху куэд къызэрекIуэлIар жиIащ зэIущIэр къыщызэIуихым музейм и къудамэм и унафэщI Леонтьевэ Нинэ. Пшыхьыр ирагъэкIуэкIыну кърагъэблэгъахэм ящыщ сурэтыщI КIыщ Мадинэ («Alira» студием щолажьэ) пкъынэкIэ (хна) цIыхуфэм сурэт зэрытращIэм теухуауэ жиIам цIыкIуи ини яфIэгъэщIэгъуэну едэIуащ. «Alira» студием и унафэщI Марзаевэ Иринэ скульптурэ къызыхащIыкI пластилиным узэрырилэжьэнур, апхуэдэ хьэпшыпхэр дыщэпскIэ зэралэжыр яригъэлъагъуащ къызэхуэсахэм. СурэтыщI Керженцевэ Екатеринэ сурэтхэр ину къыпщызыгъэхъу IэмалхэмкIэ мастер-класс иригъэкIуэкIащ.
Поделиться:
Читать также:
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
27.04.2024 - 13:04 →
Макъамэм зэфIэкI щызиIэхэр
14.04.2024 - 10:54 →
Куэд къэзымыгъащIэу куэд зылэжьа
|