Иджырей гъуазджэСурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм жэпуэгъуэм и 19-м къыщызэIуахащ Аккизов Чэрим и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. «Притяжение» фIэщыгъэм щIэт арт-проектым щыплъагъур гъэщIэгъуэн, щIэщыгъуэ защIэт. Чэрим и лэжьыгъэхэм нэхъыбэу зи гугъу щищIыр Интернетым зэщIишха дунейращ. Псом хуэмыдэу гъэщIэгъуэнщ пхъэм, тхылъымпIэм тедзауэ абы сурэтхэм хигъэува зэрызэщIэупщIэ хъыбар кIэщI цIыкIухэр. УзэрыщIыхьэу узыIуплъэ гъуджэм «Уи махуэ фIыуэ! Дауэ ущыт?» - псалъэхэр тедзащ. АдэкIэ, гузэвэгъуэ гуэрым зэрыхэтыр къапщIэ цIыхум и сурэтым ерагъыу хэплъагъукI хьэрф инкIэ «Умыгузавэ, псори тэмэм хъунущ», - псалъэхэм укъыщоджэ. КъыкIэлъыкIуэ сурэтым фIыуэ зэрылъагъуитI зэлъэмыIэсыфу хыболъагъукI «Сытым хуэдэу сигу укъэкIа!..» - жиIэу тету. АбджыпскIэ къэщIыхьа гъэлъэгъуапIэм (витринэм) пхъэпс пIащIэу пхъэ упсам тетха хъыбар кIэщIхэм къэпкIухьурэ уздеджэм, зы цIыхум и хъуреягъым щыджэрэз дуней болъагъу, ухуейуэрамэ, абы щыщ Iыхьэ ухъуауэ къыпщохъу. Степлерым и Iунэхэм къыхэщIыкIа гур-щэ?! Хьэмэ, цIыху нэкIу зыхэплъагъуэ мывэ инхэр-щэ?! Балъкъэрхэр хэкум щрагъэкIам теухуа сурэт гъэщIэгъуэн утыку кърихьащ Чэрим. Гу зэкIэщIэчам и кум ахэр хэкум пэIэщIэу щыпсэуа илъэс бжыгъэхэр кIэщIэту унагъуэ сурэт щыболъагъу. «ГъащIэм и гъуджэ» теплъэгъуэри телъыджэ сщыхъуащ. Аккизовым къимыгъэсэбэп Iэмэпсымэ щыIэкъым, абы и гупсысэр зэрыхуэкIуам укъагъэуIэбжьу. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
27.04.2024 - 13:04 →
Макъамэм зэфIэкI щызиIэхэр
14.04.2024 - 10:54 →
Куэд къэзымыгъащIэу куэд зылэжьа
|